НОБЭЖэпуэгъуэм и 4 гъубж Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ Урысейм и Дзэ-Хьэрш къарухэм я махуэщ УФ-м и МЧС-м граждан зыхъумэжыныгъэмкIэ и дзэхэм я махуэщ 1916 гъэм и лъабжьэр ягъэтIылъащ Романов-на-Муроме къалэм. Совет властыр ува нэужь абы и иджырей цIэр – Мурманск фащащ. 1985 гъм абы «къалэ-лIыхъужь» цIэр фIащащ. 1921 гъэм РСФСР-м и Къэрал банкыр къызэрагъэпэщащ. 1957 гъэм СССР-м хьэршым иутIыпщащ ЩIым и япэ IэрыщI спутникыр. 1964 гъэм Москва къыщызэIуахащ «Хьэршым нэсыфахэм я щIыхькIэ» зыфIаща фэеплъыр. 1986 гъэм «Iуащхьэмахуэ» лъапэ къэрал лъэпкъ паркыр къызэрагъэпэщащ. 1957 гъэм къалъхуащ журналист, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Къумахуэ Аслъэн. 1968 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым жэуап зыхь и секретарь Къаншокъуэ Эллэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэшх къыщешхынущ. Хуабэр махуэм градус 14-15, жэщым градус 13-14 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Акъылыр къалэнкъым, хабзэр убзэнкъым.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 07:16 →
Нобэ
16.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
15.05.2024 - 16:22 →
Хьэрш къэхутэныгъэщIэхэр
15.05.2024 - 15:10 →
Дэтхэнэри дыхуэныкъуэщ
15.05.2024 - 12:44 →
НОБЭ
|