НОБЭДыгъэгъазэм и 10, щэбэт ЦIыхум и хуитыныгъэхэм я дунейпсо махуэщ Футболым и дунейпсо махуэщ Псэущхьэхэм я хуитыныгъэм къыщхьэщыжыным и дунейпсо махуэщ Урысей МВД-м связымкIэ и къулыкъур къыщызэрагъэпэща махуэщ 1935 гъэм къалъхуащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Гъыш Нухь. 1936 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик Лафыщ Мухьэмэд. 1938 гъэм къалъхуащ дирижёр цIэрыIуэ, СССР-м и цIыхубэ артист, СССР-м и Къэрал саугъэтым тIэунейрэ и лауреат Темыркъан Юрэ. 1938 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Былымгъуэт Борис. 1939 гъэм къалъхуащ уэрэдус, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Согуэ Данил. 1970 гъэм къалъхуащ самбо бэнэкIэмкIэ дунейм пщыкIузрэ и чемпион хъуа Хьэсанэ Мурат. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2 - 6, жэщым щIыIэр I градус щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ: Пшэ темылъу уэшх щыIэкъым.
Поделиться:
Читать также:
16.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
15.05.2024 - 16:22 →
Хьэрш къэхутэныгъэщIэхэр
15.05.2024 - 15:10 →
Дэтхэнэри дыхуэныкъуэщ
15.05.2024 - 12:44 →
НОБЭ
13.05.2024 - 11:06 →
НОБЭ
|