Зыпхъуэжыну зэи кIасэкъымМурадэбади Джигар «урду» бзэкIэ тхэуэ щыта, Индием щыщ усакIуэшхуэщ. Ар 1912 гъэм фокIадэм и 8-м Индием къыщалъхуауэ щытащ, Уттар-Прадеш цIэр зезыхьэ штатым. ЗэрыцIыкIурэ къалэмым гу хуэзыщIа щIалэр усэми прозэми щылъэрызехьэт. Ауэ цIэрыIуэ дыдэ щыхъуар фадэм къыIэщIэкIыу тобэ къихьыжа иужьщ. Зэгуэрым Джигар къулыкъушхуэ зыIыгъ и ныбжьэгъу Ништар и лэжьапIэм екIуэлIащ. Фэшхуэ зытемыт усакIуэр хъумакIуэм щIигъэхьэн идакъым, уэ пхуэдэхэр мыбы къыIухьэркъым, жыхуиIэу. Джигар и бзэм IэфI къыщIэмынэжыху абы и фIэщ ищIыну хэтащ Ништар зэрихэгъэрейр, арщхьэкIэ модрейм зытригъэхьакъым. НэгъуэщI Iэмал къызыхуэмына усакIуэм тхылъымпIэ кIапэ къищтэри, сатыритI трихащ: СыкъэкIуат сыIущIэну Ништар, Ауэ еплъыт къыщыщIам си Джигар. УсакIуэр хъумакIуэм елъэIуащ тхылъымпIэр и унафэщIым хущIихьэну. Тхыгъэр зэрыIэрыхьэу, Ништар занщIэу къыгурыIуащ ар Джигар фIэкIа, нэгъуэщIым зэрыхуэмытхынур. ЖэрыжэкIэ къыщIэпхъуэри, бжэIутым и жьэр Iурыхуауэ, Ништар усакIуэр и пэшым щIишауэ щытащ. Апхуэдэ къару иIэт Джигар и усэм. Фадэм итхьэкъуа усакIуэм и гъащIэм нэгъуэщI гъуэгукIэ зыщигъэзар усэ щагъэIу зэхуэс гуэрым Хъуэжэ Мэдждуб щыхуэза иужькIэщ. Джигар и гум куууэ зыпхидзат Мэдждуб и псалъэхэр. Зэманым декIу щIэныгъэ зиIэ, къулыкъу лъагэ зыIыгъ цIыху апхуэдэу Алыхьталэм фIэлIыкIыу япэу илъагъуу арат усакIуэм. «Диным уитхьэкъуныр сытым къыхэпха?» - ехьэкI-къехьэкI хэмылъу еупщIащ абы Джигар. Мэдждуб къыхуиIуэтащ ар щихъ Алий Тануи зэрифIыгъэр. «Ухуеймэ, уэри абы ухуэзгъэзэнщ», - жиIэри, къеупщIащ. Джигар арэзы хъуащ щихъым хуэзэну, ауэ абы и деж щIыхьа иужьи ефэн зэрызэпимыгъэуфынур, фадэхэкI гуэр здыщIимыхьэу зэрымыхъунури къыгуригъэIуащ. АфIэкIа хэмылъу, Мэдждуб щихъ Тануи деж кIуэри, Джигар зыкъыхуигъэзэну елъэIуащ, усакIуэр фадэм зэрыпэмылъэщри щибзыщIакъым. «Ди тхьэелъэIупIэм фадафэ щIэтшэ хъунукъым, - къритащ жэуап Али Тануи, - ауэ си унэ нреблагъи, зыхуей дыдэр ищIэу щыдгъэсынщ». Апхуэдэ щIыкIэу яшащ усакIуэ ефэрейр щихъ Тануи и унэм. Алыхьым и нэфI зыщыхуа цIыхум зэрыбгъэдэса сыхьэт зыбжанэр хурикъуащ Джигар къэгъазэ имыIэу и гум зихъуэжын папщIэ. IуэхугъуищкIэ тхьэ хуелъэIуну жриIащ Джигар и бысымым. Зыр - ефэн щигъэтыжыфыну къыдэIэпыкъуну; етIуанэр – Бегъымбар лъапIэм и дуней тетыкIэм, суннэм техьэфын хуэдэу и къару зэригъэгъуэтыжыну; ещанэр – хьэж ищIыну гъуэгу къыхузэIуихыну. И унэ екIуэлIэжа нэужь, Джигар, япэрауэ, фадэр хыфIидзэпащ. Абы къыкIэлъыкIуэу, суннэм и щэхури и нахуэри къищтащ. Мо ефэрейуэ фIэкIа ямыцIыхум зэрызихъуэжам къигъэуIэбжьа цIыхухэр дэнэ лъэныкъуэкIи къикIыурэ къакIуэрт усакIуэм къеплъыну. Езыми гу лъимытэу къанэртэкъым и Iуэху фIэкIа зэрызрамыхуэжым. Арагъэнщ мыпхуэдэ сатырхэр зэхезыгъэлъхьар: ФынакIуи Джигар къигъэхъум девгъэплъыт - Джаурыр муслъымэн хъужауэ жаIэ! Зэуэ фадэр хыфIэзыдзэжа усакIуэр сымаджэ хьэлъэ хъуащ. Арати, дохутырхэм чэнджэщ къратащ ефэн щимыгъэтыпэу, хуэм-хуэмурэ и Iэпкълъэпкъыр фадэм щигъэужыну. «Зэуэ хыфIэбдзапэмэ, нэхъыфIщ», - яжриIащ абыхэм Джигар. Си лIэгъуэр къэсамэ, Алыхьталэм си тобэр сIихынщи, ахърэтым сыщигъэтыншынщ».
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
03.05.2024 - 14:24 →
ЦIЫХУР ЗЫХУЩЫIЭР ЦIЫХУРАЩ
03.05.2024 - 10:01 →
Куржы фIэщыгъэхэм я тхыдэ лъабжьэхэр
|