НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 24, щэбэт

Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ
1839 гъэм
къалъхуащ Уэсмэн пащтыхьыгъуэм и маршал, Кавказым и тхыдэм теухуа лэжьыгъэ куэд къытрезыгъэдза Бэрзэдж Зеки-пэщэ.
1954 гъэм къалъхуащ техникэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъМУ-м и профессор ЕхъулIэ Мартин.
1957 гъэм къалъхуащ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Къэзанш Хьэлимэт.
1958 гъэм къалъхуащ хьэрычэтыщIэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Лъхукъуэщауэ Хьэбас.
1960 гъэм къалъхуащ сабий дохутыр, «Урысейм и дохутыр нэхъыфI» цIэ лъапIэр 20I3 гъэм зыхуагъэфэща Чым Мадинэ.
1975 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ КIэхумахуэ ФатIимэ.

 

Дунейм и щытыкIэнур
 

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 2 - 6, жэщым щIыIэр градуси 2 щыхъунущ.
 

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Насыпыр Iыхьэмыгуэшщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ
13.05.2024 - 11:06 НОБЭ