Си усэ – си уэрэд• ТхылъыщIэ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ адыгэбзэкIэ къыщыдэкIащ «Си усэ – си уэрэд» фIэщыгъэ дахэр зыгъуэта усэ тхылъ гъэщIэгъуэныр. Хэку лъагъуныгъэ, псэм и къабзагъэ, гумащIагъэ, цIыхугъэ – аращ усэ зэужьым купщIэ хуэхъуар, ар дунейм къытезыгъэхьа усакIуэ бзылъхугъэми и гурыщIэхэм псынащхьэ яхуэхъуар.
Зи теплъэр узыIэпишэу зэхэлъхьа хъуа тхылъыр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Акъбащ Ипщэ (Астемырей) къуажэм къыщалъхуа Бэгъэтыр Нинэщ. Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ къудамэм IэщIагъэ щызэригъэгъуэта нэужь, абы щалъхуа къуажэм анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэу игъэзэжащ. 1983 гъэм Бэгъэтырыр радиом и дикторхэм я хэгъэгупсо зэпеуэм хыхьэри, и макъ дахэмрэ псалъэкIэм хэлъын хуей зыхэщIэмкIэ къэпщытакIуэхэр къыдихьэхащ, куэд дыдэ дэмыкIыуи лэжьыгъэ радиом къыщыхуагъэлъэгъуащ. Абы лъандэрэ илъэс плIыщI дэкIащ, ауэ бзылъхугъэ щыпкъэр къыхиха гъуэгум хуэпэжу ар ражиом щолажьэ. Багъэтыр Нинэ нобэ ралионэтынхэр гъэхьэзырынмкIэ икIи утыку ихьэнымкIэ къудамэм и редактор нэхъыщхьэщ. Абы IэщIагъэм нэсу зэрыхищIыкIыр, и гъащIэр зрита IэнатIэр фIыуэ зэрилъагъур, гурэ псэкIэ абы зэрыбгъэдэтыр зыхыумыщIэнкIэ Iэмал иIэкъым «Макъамэ», «Ди зэIущIапIэм» фIэщыгъэхэр зиIэ и уней нэтынхэм уедэIуа нэужь. Мы лъэхъэнэм Бэгъэтырым и зэфIэкIымрэ и щIэныгъэмрэ щIэблэщIэм ябгъэдилъхьэу мэлажьэ, унэтIакIуэ емышыжщ, лэжьыгъэмкIэ жэрдэмщIакIуэ гъэщIэгъуэнщ.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 13:00 →
Гъатхэмэ къапех
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
27.04.2024 - 13:04 →
Макъамэм зэфIэкI щызиIэхэр
14.04.2024 - 10:54 →
Куэд къэзымыгъащIэу куэд зылэжьа
|