НОБЭ

Дыгъэгъазэм и  27, гъубж

♦УФ-м щагъэлъапIэ КъегъэлакIуэм и махуэр.

♦1932 гъэм СССР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я советым  и ГъэзэщIакIуэ комитет нэхъыщхьэм унафэ къищтащ къэралым и цIыху балигъ псоми паспорт яIэн икIи дэтхэнэри щыпсэу щIыпIэм щатхауэ щытын зэрыхуейм теухуа унафэр.

1938 гъэм СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым «Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь» цIэр гъэувыным теухуа Унафэ къищтащ.

♦1929 гъэм къалъхуащ литературэдж, критик, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м, АР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ХьэкIуащэ Андрей.

♦1947 гъэм къалъхуащ КъБР-м и цIыхубэ артист Къэжэр Борис.

♦1976 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналист Бемырзэ Зураб.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 1 - 3, жэщым щIыIэр 1 градус щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Жьы хъуар гу махэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ
13.05.2024 - 11:06 НОБЭ