НОБЭДыгъэгъазэм и 30, мэрем ♦1972 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ орденыр къыхуагъэфэщащ. ♦1931 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Чым Юрий. ♦1934 гъэм къалъхуащ къэрал лэжьакIуэ, УФ-мрэ КъБР-мрэ щIыхь зиIэ я дохутыр Бер Мухьэдин. ♦1941 гъэм къалъхуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ЩIДАА-м и академик, УФ-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Делэкъарэ Къадырбэч. ♦1958 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Тембот ФатIимэт. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 0 - 2, жэщым щIыIэр градуси 3 - 2 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Щыгъын хьэху нэхърэ - щыгъын фаджэ.
Поделиться:
Читать также:
16.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
15.05.2024 - 16:22 →
Хьэрш къэхутэныгъэщIэхэр
15.05.2024 - 15:10 →
Дэтхэнэри дыхуэныкъуэщ
15.05.2024 - 12:44 →
НОБЭ
13.05.2024 - 11:06 →
НОБЭ
|