ЦIыху зэчиифIэр сытми хуэIэкIуэлъакIуэщ

Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм щыщ Таучэ (Щомахуэхэ япхъущ) Альбинэ и IэщIагъэкIэ бухгалтерщ, ауэ IэпщIэлъапщIагъэм дихьэхауэ, хьэпшып хьэлэмэт куэд ещI. Зэманыр IуэхукIэ зыгъэнщIыф зыхужаIэ бзылъхугъэхэм ар ящыщщ.

Псалъэм папщIэ, Альбинэ щэкIым гуащэ цIыкIухэр къыхещIыкI. Я теплъэкIэ ахэр зэщхькъым. Гуащэ цIыкIухэр хъыджэбзым и нэгу къызэрыщIыхьэм хуэдэу ещI, ауэ къохъур абыхэм я теплъэр къыщIэупщIэхэр зэрыхуейм хуэдэу (ящитIэгъэну фащэмрэ я щхьэцым и плъыфэхэмрэ зыхуэдэнур къыжраIэмэ) щахуиди. ТIум щыгъуэми, гуащэр сабийхэр зыщыгуфIыкIщ, тыгъэ гуапэщ.
Абы къищынэмыщIауэ, Таучэм адыгэ фащэм и пкъыгъуэ щхьэхуэхэри - бгъэIулъымрэ бгырыпхымрэ - тхыпхъэ дахэхэмкIэ хедыкI. Ари зэрымыщIэкIэ къехъулIа Iуэхущ цIыхубзым. «Зыгуэр къызэлъэIуат и бостейм тхыпхъэ хухэздыкIыну. Сэри щIэ гуэр къэсщIэну сфIэхьэлэмэтти, селэжьащ, арэзы сыхъуху. Си IэдакъэщIэкIыр ягу щрихьым, хэдыкIым езыр-езыру нэхъ куууэ зыхэзгъэгъуэзащ. Ари IэщIыб сщIыркъым, зэман-зэманкIэрэ тхыпхъэхэм солэжь», - жеIэ Альбинэ. 
Зы щэху хэлъщ цIыхубзыр зыдихьэха IэщIагъэм щIэдзапIэ хуэхъуам. «ЛэжьапIэм тхылъымпIэ плIимэ цIыкIу зэмыфэгъу куэд щызэтрихьати, ауэрэ сыгупсысэн щIэздзащ: сыту пIэрэ мыбыхэм дахэу, сэбэпыну къахэпщIыкI хъунур, жысIэу. Интернетым къизджыкIащ «оригами» гъуазджэ лIэужьыгъуэр зиIысымрэ ар къызэрыбгъэсэбэпынумрэ. А IэмалымкIэ (тхылъымпIэ зэпылъхэмкIэ) псэущхьэ, хьэпшып гуэр «къыбогъэщIыф». Пэжыр жыпIэмэ, лэжьапIэм сызэрыщIэсым хуэдэу, цIыхухэм я лъэIукIэ пщIэкIэ щахуэсщIаи щыIэщ. СфIэфI къудей мыхъуу, мыпхуэдэ Iуэху гуэрхэм ущелэжькIэ зэрызыбгъэпсэхум, ущIэгузавэ гуэр зэрыпщхьэщихым мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ», - жеIэ Альбинэ. 
ЦIыхубзыр хуэIэкIуэлъакIуэу къыщIэкIащ хьэпIацIэщыгъэхэмкIэ жыг щхъуэкIэплъыкIэхэр щIынми квиллингми (тхылъымпIэ IуэнтIахэм хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къыщыхащIыкIырщ). ГъэщIэгъуэн гуэрым зэпымыууэ хуеIэ бзылъхугъэм и IэщIагъэми и насыпми хэхъуэну ди гуапэщ.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: