Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэ лъапIэхэр тыным и IуэхукIэ

Илъэс куэд лъандэрэ хьэлэлу зэрылажьэм икIи цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм зегъэу­жьыным къаруушхуэ зэрырахьэлIам папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал дамыгъэ лъапIэхэр етын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «КБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэу мы къыкIэлъыкIуэхэм:

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр
Къумахуэ Аслъэн СулътIан и къуэм - «Адыгэ псалъэ» газетым и редакторым
Погореловэ Иннэ Виктор и пхъум - «Горянка» газетым и корректорым;
«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIыхь зиIэ и журналист» цIэ лъапIэр фIэщын
Аттаев Азнор Виктор и къуэм - «КъБР-инфо» хъыбарегъащIэ агентствэм и редактор нэхъы­щ­хьэм. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ 
2023 гъэм щIышылэм и 13-м
№5-УГ

Поделиться: