НОБЭ

ЩIышылэм и 27, мэрем

♦Нацизмэм ихьахэм я фэеплъым и дунейпсо махуэщ

♦Урысейм и Дзэ щIыхьым и махуэщ

♦1941 гъэм «КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр» цIэ лъапIэр ягъэуващ.

♦1968 гъэм Налшык Музыкэ театр къыщызэIуахащ.

♦1940 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь Хьэгъэжей Джонсон.

♦1947 гъэм къалъхуащ композитор, КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Жырыкъ Заур.

♦1951 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и юрист Чэт Юрэ.

♦1952 гъэм къалъхуащ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Бэрэгъун Руслан.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Махуэм хуабэр 1 градус, жэщым щIыIэр градуси 3 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ЩIы нэхъ бей щыIэкъым.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

13.05.2024 - 11:06 НОБЭ
08.05.2024 - 09:00 НОБЭ
07.05.2024 - 09:12 НОБЭ
06.05.2024 - 13:11 НОБЭ