НОБЭ

ЩIышылэм и 30, блыщхьэ

♦Уае Дадэмрэ Уэс Гуащэмрэ я дунейпсо махуэщ

♦1863 гъэм Урысейм унафэ къыщащтащ цIыхум судкIэ удын ебдзынуи, дамыгъэ тебдзэнуи хуит уимыщIу.

♦1943 гъэм 6-нэ нэмыцэдзэм Сталинград деж зыщитащ. Ар Хэку зауэшхуэм советыдзэхэм щытекIуэным щIэдзапIэ хуэхъуауэ къалъытэ.

♦1951 гъэм къалъхуащ Беслъэней къуажэм дэт сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ, УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр, КъШР-м и цIыхубэ дохутыр Къуэн Валентинэ.

♦1954 гъэм къалъхуащ УФ-м и Кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, адыгэ щIыналъэм теухуа фильм зыбжанэ тезыха, жылагъуэ лэжьакIуэ Нэгъаплъэ Аскэрбий.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ.  Махуэм хуабэр градуси 4 - 5, жэщым щIыIэр градуси 2 - 1 щыхъунущ.

 

Лъэпкъ Iущыгъэ:

ФIыуэ плъагъу Iуэхум Iэр хуэпсынщIэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

15.05.2024 - 12:44 НОБЭ
13.05.2024 - 11:06 НОБЭ
08.05.2024 - 09:00 НОБЭ
07.05.2024 - 09:12 НОБЭ