НОБЭ

ЩIышылэм и 31, гъубж
Фаджэ (проказа) узыфэр зыпкърытхэм защIэгъэкъуэным и дунейпсо махуэщ
ДыщэкIым и дунейпсо махуэщ
1924 гъэм
Советхэм я етIуанэ съездым къыщащтащ СССР-м и япэ Конституцэр.
1991 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм къищтащ республикэм и къэрал суверенитетым теухуа декларацэр.
1996 гъэм къащтащ Къэбэрдей-Балъкърым щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм зегъэужьыным теухуа къэрал программэр.
1837 гъэм къалъхуащ тхыдэдж, филолог, журналист КIашэ Адэлджэрий.
1926 гъэм къалъхуащ адыгей уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, композитор, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Сэмэгу Гуэщнагъуэ.
1974 гъэм къалъхуащ журналист Ныбэжь Таисэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэс къыщесынущ.  Махуэм хуабэр  градуси I - 4, жэщым щIыIэр градус I - 0 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Псэр ящэри напэ къащэху.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

15.05.2024 - 12:44 НОБЭ
13.05.2024 - 11:06 НОБЭ
08.05.2024 - 09:00 НОБЭ