НОБЭ

Мазаем и 1, бэрэжьей

1829 гъэм Нэгумэ Шорэ Налшык къыщызэIуихащ сабий нэхъ акъылыфIэхэр щрагъэджэну школ.
1929 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэрал хорыр къызэрагъэпэщащ.
1929 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Къардэн Лъостэнбий.
1932 гъэм къалъхуащ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Лъэпщокъуэ МутIалиб.
1935 гъэм къалъхуащ археолог, шапсыгъ лъахэдж, узэщIакIуэ ТIэш Мадин.
1936 гъэм къалъхуащ Адыгэ Республикэм и цIыхубэ тхакIуэ Куэшбей Пщымахуэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 2 - 5, жэщым щIыIэр градуси 1 - 0 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
ПхуэмыщIэн зыкIэрумыщIэ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

13.05.2024 - 11:06 НОБЭ
08.05.2024 - 09:00 НОБЭ
07.05.2024 - 09:12 НОБЭ
06.05.2024 - 13:11 НОБЭ