Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэнатIэхэм папщIэ къэрал стипендияхэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2014 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м къыдигъэкIа Указ №211-УГ-м и 1-нэ пунктым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлхьэным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я IэнатIэхэм папщIэ къэрал стипендиехэм я IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2014 гъэм жэпуэгъуэм и 16-м къыдигъэкIа Указ 211-УГ-м и 1-нэ пунктым мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн:
а) етIауэ абзацым хэт «сом 3000» псалъэхэр зэхъуэкIын «сом 6000» жиIэу;
б) ещанэ абзацым хэт «сом 2000» псалъэхэр зэхъуэкIын «сом 4000» жиIэу;
в) еплIанэ абзацым хэт «сом 1500-рэ» псалъэхэр зэхъуэкIын «сом 3000» жиIэу.
2. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ икIи абы и къарур ятохуэ 2023 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ зэтеува хабзэ зэхущытыкIэхэм. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ 
2023 гъэм щIышылэм и 31-м
№9-УГ

Поделиться: