Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Iуэхутхьэбзэхэр зыхуащIэхэм я хущытыныгъэхэр къызэгъэпэщынымрэ ахэр хъумэнымрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ советым хэтхэр къэщтэным теухуауэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Iуэхутхьэбзэхэр зыхуащIэхэм я хущытыныгъэхэр къызэгъэпэщынымрэ ахэр хъумэнымрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ советым хэтхэр къэщтэн мы Указым и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
2. Къару имыIэжу къэлъытэн «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Iуэхутхьэбзэхэ зыхуащIэхэм я хущытыныгъэхэр къызэгъэпэщынымрэ ахэр хъумэнымрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ советым хэтхэр къэщтэным теухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 20I9 гъэм мазаем и I8-м къыдигъэкIа Указ №9-УГ-м.
3. Мы Указым къару егъуэт Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2023 гъэм щIышылэм и 27-м
№7-УГ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2023 гъэм щIышылэм и 27-м къыдигъэкIа Указ №7-УГ-мкIэ къищтащ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Iуэхутхьэбзэхэр зыхуащIэхэм я хущытыныгъэхэр къызэгъэпэщынымрэ ахэр хъумэнымрэ япыщIа IуэхухэмкIэ щыIэ советым хэтхэр
 

КIуэкIуэ К.В. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр (Советым и тхьэмадэщ)
Мусуков А.Т. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIыр (Советым и тхьэмадэм и къуэдзэщ)
Говоров С.А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэр (Советым и тхьэмадэм и къуэдзэщ)
Iэпщэ З.Б. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым Экономикэ политикэмкIэ, инновацэ зыужьыныгъэмкIэ, хьэрычэт IуэхумкIэ и комитетым и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Архангельский В.Н - Прохладнэ къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)
АфэщIыж Ю.С. - ХьэрычэтыщIхэм я хуитыныгъэхэм къыщхьэщыжынымкIэ Уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэр (зэгурыIуауэ)
Ахъэхъу Т.Б. - Налшык къалэ округым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэр (зэгурыIуауэ)
Ахубеков Щ.А. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм промышленностымкIэ, энергетикомкIэ, сатумкIэ и министрыр (Советым и секретарщ)
Бежан Б.Ю. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и «КБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Бекъалды М.Хь. - жылагъуэ зэгухьэныгъэм - сатум, жылагъуэ ерыскъым, потребкооперацэм,хьэрычэт IэнатIэм я лэжьакIуэхэм я «Сату зэкъуэтыныгъэ» профсоюзым и Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ комитетым и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)
ГъукIэлI Хь.М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Сату-Промышленнэ палатэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)
Къалэ А.Хь. - Урысей Федерацэм и Банк нэхъыщхьэм и Ищхъэрэ управленэ нэхъыщхьэм и къудамэм - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Лъэпкъ банкым и унафэщIым и къалэныр зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)
Къуныжь В.Хь. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъур 
Къурашэ М.Б. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм кадрхэр къыхэхынымкIэ и «ЛъэчапIэщIэ» проектым щытекIуар, «Оазис СК» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгухьэныгъэм финансхэмкIэ и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Мамбэт К.Б. - «Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм Iуэхутхьэбзэхэр зыхуащIэхэм щэхуакIуэхэм я хуитыныгъэхэм къыщхьэщыжынымкIэ «Хабзэм и къарур» щIыналъэ зэхуаку зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)
Можгин В.В - «Автобытсервис» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгухьэныгъэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Настаев А.М. - «АССО» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгухьэныгъэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Павленкэ В.П. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ, хьэрычэт IэнатIэм зыщIэгъэкъуэнымкIэ, псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ, курортхэмрэ туризмэмкIэ и комиссэм и тхьэмадэр (зэгурыIуауэ)
Пагуэ Ж.А. - Iуэхутхьэбзэхэр зыхуащIэхэм я хуитыныгъэхэм къащхьэщыжынымрэ цIыхум я зэIузэщI псэукIэмрэ я IэнатIэм щыкIэлъыплъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и унафэщIыр (зэгурыIуауэ)
Рахаев Б.М. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ зэгухьэныгъэмкIэ и министрыр
Соттаев Къу.С. - Iуащхьэмахуэ муниципальнэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэгурыIуауэ)
ЛIупI Т.Хь. - «КIуэкIуэ В.М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр аграрнэ университет» щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт федеральнэ къэрал бюджет еджапIэм и сату-технологие факультетым и деканыр (зэгурыIуауэ)
Чочаев А.М. - «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зыджыныгъэмкIэ и корпорацэ» акционер зэгухьэныгъэм и генральнэ директорыр (зэгурыIуауэ).

Поделиться: