НОБЭ

Мазаем и 28, гъубж
Куэдрэ узримыхьэлIэ узыфэхэм я дунейпсо махуэщ
ЦIыхур жеиным и дунейпсо махуэщ
1937 гъэм
къалъхуащ адыгэ усакIуэ-уэрэдус цIэрыIуэ Къанкъул ФIыцIэ.
1942 гъэм къалъхуащ усакIуэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Сонэ Абдулчэрим.
1955 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат Щэрдан Нодар.
1957 гъэм къалъхуащ уэрэджыIакIуэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Уэтэр МуIэед.
1958 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБКъМУ-м и ректору щыта, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Жэрыкъуэ Борис.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус I8 - 2I-рэ, жэщым градуси 8 - 9 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Гъуэгур бэкъуэным хегъэщIри, щIыхуэр тыжыным еух.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ
13.05.2024 - 11:06 НОБЭ