Сымаджэ «къиинхэм» еIэзэхэрРеспубликэм и Наркологие диспансерым щекIуэкIащ 2022 гъэм зэрылэжьар къыщапщытэж зэIущIэ. Абы хэтащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. «Диспансерым къищынэмыщIауэ, республикэм и район сымаджэщхэми наркологие пэшхэр щолажьэ, дэтхэнэми зыхуэныкъуэ дэIэпыкъуныгъэрэ чэнджэщрэ цIыхухэм щагъуэтынущ, - жиIащ IуэхущIапIэм и дохутыр нэхъыщхьэ Удаловэ Ольгэ. - Илъэс блэкIам диспансерым щагъэхъужащ сымаджэ 3134-рэ, абыхэм ящыщу 551-м къыщеIэзар махуэ стационарырщ. Поликлиникэм и нарколог-психиатрхэм зыхуагъэзащ цIыху 69116-м. 2022 гъэм диспансер-поликлиникэ къудамэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэхэм япкъ иткIэ, Налшык къалэ щыщу диспансер кIэлъыплъыныгъэм ягъэуващ цIыхуи 172-рэ».
Поделиться:
Читать также:
05.05.2024 - 12:00 →
Гъуазджэм и хэщIапIэ
05.05.2024 - 11:00 →
ЦIыкIухэм ныпыр яфIэдахэщ
04.05.2024 - 09:00 →
Музейм и накъыгъэ гъэлъэгъуэныгъэхэр
03.05.2024 - 14:24 →
ЦIЫХУР ЗЫХУЩЫIЭР ЦIЫХУРАЩ
03.05.2024 - 10:01 →
Куржы фIэщыгъэхэм я тхыдэ лъабжьэхэр
|