КъБР-м и Лъэпкъ музейм мэлыжьыхьым и 3-м къыщызэIуахащ «Уэшхым и цIыху» фестивалыр. Выставкэр къызэригъэпэщащ «Индиго» сабий центрым. Гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьащ «Кармо Арт» студием екIуалIэ, зи узыншагъэм ныкъусаныгъэ иIэ ныбжьыщIэ 40-м нэблагъэм я IэдакъэщIэкI сурэтхэр. Абы щыщу лэжьыгъэ 30-р ейщ илъэситI ныбжьым иту сурэт щIын щIэзыдза Иуаз Амир.
- Выставкэм си гуапэу зыкърезгъэхьэлIащ. Мы сурэт щIэщыгъуэхэр куэдым уезыгъэгупсысщ. Зэуэ гу лъыботэ: лэжьыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа сабийхэр Iущщ, къабзэщ, гъащIэм и плъыфэхэр гъэщIэгъуэныщэу зыхащIэ, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
- Ди сабийхэм зэфIэкI зиIэ сурэтыщIхэр куэду яхэтщ. Абыхэм я зэфIэкIыр къэдгъэнэIуэнымрэ я бынхэм я Iэзагъэм адэ-анэхэм гу лъедгъэтэнымрэщ мураду диIар. Фестивалым гъэ къэс зэрызиубгъур нэрылъагъущ. Жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ мылъкукIэ зыкъытщIэзыгъакъуэхэмрэ ди Iуэхур зэрагъэкIуатэм папщIэ фIыщIэ яхудощI, - жеIэ выставкэр зи жэрдэм, илъэс 16 хъу сурэтыщI ныбжьыщIэ Иуаз Амир и анэ Сэхъу Ренатэ.
Сабийхэм ядэлажьэ, медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, дохутыр-психиатр Теммоевэ Лейлэ и псалъэм къыхигъэщащ аутизм узыфэ зиIэ цIыкIухэр гъащIэм къыхэшэным и IуэхукIэ адэ-анэхэмрэ апхуэдэхэм ядэлажьэ цIыхухэмрэ я пщэм къалэнышхуэ къызэрыдэхуэр. Абыхэм гъуазджэр я тегъэщIапIэу сабийхэм зрагъэужь, цIыхухэм яхэтыфу ирагъасэ.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ гу лъитащ сурэт щIыным дихьэх сабийхэм я бжыгъэм хэпщIыкIыу зэрыхэхъуам икIи фIыщIэ яхуищIащ абыхэм я узыншагъэр егъэфIэкIуэным жэуаплыныгъэ пылъу бгъэдэт дэтхэнэ адэ-анэми, гъэсакIуэми.
КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс жиIащ сабийхэм я зэфIэкIым зэрыхагъэхъуар зэрынэрылъагъур, я лэжьыгъэхэмкIэ куэд къызэрызэщIаубыдар, зэрылажьэ Iэмалхэри зэрырагъэфIэкIуар. СурэтыщI, нэгъуэщI гъуазджэ лIэужьыгъуэ дихьэххэм музейм и бжэр зэрыхузэIухар жиIащ абы.
Гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа сурэт зыбжанэр я Iэдакъэ къыщIэкIащ «Кармо Арт» студием екIуалIэ ныбжьыщIэхэм. Ар ягъэлажьэ Къэрмокъуэхэ Эльмирэ-рэ Мариерэ. Зэшыпхъухэр я адэ сурэтыщI Къэрмокъуэ Аслъэн и лъагъуэм ирикIуэжащ. Илъэсих мэхъу сурэтыщI ныбжьыщIэхэм я лъэщапIэ абыхэм къызэрызэIуахрэ. Студием сабий 60-м нэблагъэ йокIуалIэ.
Выставкэр тхьэмахуитIкIэ лэжьэнущ. Абы щащэхуну сурэтхэм къыпэкIуэмкIэ сабий дыгъэхэм ядоIэпыкъу.
Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.