Дзыгъуэ цIыкIухэмрэ адакъэмрэСабийхэм папщIэ Еуэри дзыгъуэ цIыкIуитIрэ зы адакъэжьрэ зэгъунэгъуу псэурт. Дзыгъуэ цIыкIуитIыр махуэ псом Iуэхуншэти, уэрэд кърашу жыхафэгум ист. Адакъэжьым нэхутхьэху къызэрищIу псори къигъэушырти и Iуэху пэрыхьэжырт. Махуэ гуэрым адакъэм пщIантIэр зэщIипхъанкIэу гуэдз щхьэмыж къигъуэтащ. -Феплъыт къэзгъуэтам, - жиIэри дзыгъуэхэм захуигъэщIэгъуэну яхуихьати: - Ар гъэлъэлъэн хуейщ, - жаIащ тIуми зыжьэу. -Хэт зыгъэлъэлъэнур? – щIоупщIэ адакъэр. -Сэракъым! - жи зым. -ИкIи сэракъым, - къопсалъэ адрейр. -Ерэхъу, сэ згъэлъэлэнщ,- жиIэри адакъэр абы яужь ихьащ. -Ей дзыгъуэ зэшхэ, феплъыт щхьэмыжым хьэдзэу къытезгъэлъэлъам, - захуегъэщIагъуэ абы дзыгъуэхэм. Дзыгъуэхэр къэсри, аргуэру жаIащ: -Иджы ар щхьэлым хьауэ, хьэжын хуейщ! -Хэт зыхьынур? –щIоупщIэ адакъэр. -Сэракъым. -ИкIи сэракъым, - жаIэ аргуэру дзыгъуэ хьилэшыхэм. -Хъунщ, сэ схьынщ гуэдзыр щхьэлым, - жиIэри адакъэм къэп хьэлъэр ирихьэжьащ. Дзыгъуэхэр а зэрыIуэхуншэщи, удэфауэ зыр –зым щхьэпрылъу мэджэгу, мэтхъэж. Хьэжыгъэ иIыгъыу къэкIуэжа адакъэр и ныбжьэгъухэм йоджэ. Мохэри къэсащи, адакъэм къыщытхъу нэпцI защI: -Уэт щIалэфI, уэт адакъэ! Иджы хупцIынэ пщын хуейщ,- жаIэ. Аргуэру ар дзыгъуэхэм япщын ямыдэу, адакъэм къылъос. ХупцIынэ ипщщ, пхъэ къихьри хьэкум мафIэ ирищIащ, дэлэн ищIахэр чэзууэ иригъэувэурэ игъэжьащ. Дэлэн пщтырхэр адакъэм Iэнэм къытригъэува къудейуэ дзыгъуитIыр къэсащ. -ДомэжалIэ, - жаIэри Iэнэм пэрытIысхьати, адакъэм губжьауэ жиIащ: -Зэт, догуэт, хэт щхьэмыжыр къэзыгъуэтар? -Уэращ! Щхьэмыжыр хэт зыгъэлъэлъар? -Ари уэращ! -Хэт щхьэлым зыхьар? -Уэ! -ХупцIынэ зыпщар хэт? -Псори уэращ зыщIар? -Фэ фщIар сыт ? Абы падзыжын яIэтэкъыми дзыгъуэхэр къэтэджри мэжалIэу Iэнэм къыпэрыкIыжащ. Адакъэми ахэр иубыдакъым. Мис апхуэдэ гуэрщ «Мылажьэм лажьэ егъуэт», жыIэгъуэр къызытекIар. Украин таурыхъхэм щыщщ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 11:18 →
Къахьар Сосрыкъуэ ихьыжащ
16.05.2024 - 16:28 →
Бзэ тыншкIэ тхэуэ щытащ
15.05.2024 - 15:00 →
Я Лъахэ цIыкIу - «Прометей и лъахэ»
15.05.2024 - 12:44 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
08.05.2024 - 13:05 →
ЩIэныгъэлI усакIуэхэр
|