КавказыбгхэрКавказыбгхэр телъыджэу дахэщ, уэсыщхьэщ, уардэщ, абрагъуэщ. Абыхэм егъэлеяуэ щIыпIэшхуэ яубыду зашэщI. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Кавказыбгхэр къэхъуащ илъэс мелуан 25-рэ хуэдиз япэкIэ. Къуршхэм я Iэхэлъахэм щежэх псыхэр къанэ щымыIэу хохуэж тенджыз ФIыцIэм. Псыежэххэм нэмыщI, нэпкъхэм щыIэщ мылылъэ мини 2-м нэблагъэ. Кавказыбгхэм узыщрихьэлIэ мылылъэхэм къызэщIаубыдэ километр зэбгъузэнатIэ 1400-рэ. Нэхъыбэ дыдэу щIыналъэм узыщрихьэлIэ жыгыр уэздыгъейрщ. Къапщтэмэ, кхъуакIэпыкIэ (хвойнэ) жыгхэр щынэхъыбэщ, тхьэмпэ зыпытхэм нэхърэ. Бгы абрагъуэхэр я лъахэщ нэгъуэщI щIыпIэ узыщримыхьэлIэ къэкIыгъэ лIэужьыгъуэу 1600-м щIигъум. Удз гъэгъа лIэужьыгъуэ къудейуэ 6300-м нэс къыщокI. Ахэр щхъуэкIэплъыкIэхэщ, нэри пэри яхьу.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
03.05.2024 - 13:15 →
Мэрем фIыгъуэм зыхэвмыгъэкIыж
03.05.2024 - 12:26 →
Я нэIэм щIэтынущ
03.05.2024 - 11:18 →
Гъавэ бэвыр я плъапIэщ
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
|