Уэрэдыжьхэр макъ жьгъырукIэ игъэIурт КъБР-м и цIыхубэ артист, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Къуныжь Хьэждал Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Нартан къуажэм къыщалъхуащ I93I гъэм мазаем и 3-м. Езым къиIуэтэжауэ зэрыщытащи, уэрэд жыIэным Хьэждал дезыгъэхьэхар и адэ ТIатIущ. Абы уэрэдыжьхэр дахэу жиIэрт, ахэр Хьэждал и гум ириубыдэрт, апхуэдэурэ, гукъэкI ищIат езым хузэфIэкIми еплъыжыну. И ныбжьэгъухэм яхэсмэ, гуп яхэтмэ, уэрэд зэпэдзыжхэр къыхадзамэ, фIэфIу ядипхъуатэрт. Къуныжьым япэу игъэзэщIахэм ящыщщ «Андемыркъан» и уэрэдыр. Зыми пимыщIу, жиIэрейуэ щытащ цIыхубэми фIыуэ яригъэлъэгъуа «СыныпхуокIуэж» уэрэдыр...
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
03.05.2024 - 13:15 →
Мэрем фIыгъуэм зыхэвмыгъэкIыж
03.05.2024 - 12:26 →
Я нэIэм щIэтынущ
03.05.2024 - 11:18 →
Гъавэ бэвыр я плъапIэщ
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
|