Я нэIэ тетщ

Гъатхэр къызэрихьэрэ къэралым и щIыналъэ куэдым мафIэсхэр къыщыхъуу щIидзащ. Псом хуэмыдэу лей къатохьэ мэзхэм. Ди щIыналъэм и мэз хозяйствэхэри а Iуэхум хуэбэлэрыгъыркъым. ЩытыкIэм кIэлъыплъ инспекторхэм зы жэщ-махуэм къриубыдэу зыбжанэрэ щIыпIэхэр къызэхакIухь. Псом хуэмыдэу хуабэм и Iэужьыр нэхъ щынэрылъагъущ тафэм тес Прохладнэ, Май, Тэрч щIыналъэхэм я мэзылъэ щIыпIэхэм. Мэзхъумэхэм иджыпсту жыг къэс я щытыкIэр къапщытэ, ихыпхъэхэр ягъэбелджылы, абыхэм я пIэм жыгыщIэхэр зэрыхасэжыным хуэдэу.
Жыг лIэужьыгъуэхэмрэ ахэр къыщыкI щIыпIэхэм я щытыкIэмрэ елъытауэ, IуэхущIапIэхэм къагъэсэбэп Iэмалхэми иджырей мардэхэм тету захъуэжащ. Къапщтэмэ, уэздыгъеймрэ псеймрэ щыкуэд щIыпIэхэм мафIэ кIапэ нэбгъэсынкIэ Iэмал иIэкъым: эфир дагъэмкIэ къулей жыгхэр напIэзыпIэм дрилыпщIеинущ, къэптIыхьынри гугъущ, нэхъыбэр зэрымывалъэм къыхэкIыу. Аращ апхуэдэ щIыпIэхэр кIэлъыплъакIуэхэм я нэIэм сыт щыгъуи щIыщIэтыр.
Мэз къэс езым и къулеягъ иIэжщ. ЗыщIыпIэ и деж ар зытезыIыгъэ къуэпсыр (экосистемэр) щызэпычмэ, зэфIэбгъэувэжыну гугъущ. Псалъэм папщIэ, псейр зы илъэсым хуэзэу сантиметритI къудейщ зэрыхэхъуэр. Ауэ щыхъукIэ, и лъабжьэр цIыкIущ, жьы борэным щыпэщIэтыфыр зэзэмызэххэу. Мыпхуэдэ мэзхэр щынэхъыбэр Iуащхьэмахуэ, Шэрэдж щIыналъэхэрщ. Аруан, Лэскэн районхэм я мэзылъэ щIыпIэхэм бжейхэр, кIейхэр, тхуейхэр щынэхъыбэщ, мейхэми мэзкхъужьейхэми уащрохьэлIэ.
ИпэкIи зэрыжытIащи, зауэ нэужь илъэсхэм цIыхухэм хабзэфI къадекIуэкIыу щытащ: пхъэ къыщIашыну мэзым кIуэхэм мыIэрысей къудамэ цIыкIухэр къыздащтэрти, мей жыгхэм дадзырт, гъае къэхъумэ, мэзым цIыхухэр зэрыкъуэмылIыкIынум тещIыхьауэ. Ар щапхъэ зыхуэхъуа щIэблэми дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсыр зэрихъумэным хэтт. Ди гуапэ зэрыхъунщи, IэщIыб ящIа апхуэдэ Iуэху щхьэпэм гулъытэ игъуэтыжу хуежьащ.
АбыкIэ сэбэпышхуэ хъунущ «ЩIыуэпс» лъэпкъ проектыр къэзыгъэсэбэпыну гупыж зыщI волонтёрхэр. Ахэр Урысейм и языныкъуэ щIыналъэхэм къыщыунэхуауэ IэужьыфIэу щолажьэ. Абыхэм я нэIэм щIэтщ цIыхум, дуней къэхъукъащIэхэм я зэранкIэ сэкъат зыгъуэта мэзылъэхэр. Волонтерхэр апхуэдэу кIэлъоплъ мэзхэр къэгъэщIэрэщIэжыным теухуауэ 2018-2024 гъэхэм къриубыдэу ягъэзэщIэну къэрал программэм хиубыдэу хаса жыгыщIэхэм я щытыкIэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэзхэр къапщтэмэ, иджыпсту абыхэм нэхъ мащIэ щыхъуащ мэзкхъужьейхэр, бжейхэм ущрихьэлIэжыххэртэкъым. Ди гуапэ зэрыхъунщи, «Мэзхэр дывгъэхъумэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щыхасэжыну къагъэлъэгъуа жыг лIэужьыгъуэхэм яхэтщ бжейхэри. Ныбжь зиIэхэм нэхъ ящIэжынущ ди республикэм и къуршылъэхэм пэмыжыжьэу, лъагэрэ джафэ хъужауэ бжей фIэкIа зэрымыт мэз лъэщIэху дахащэхэм ущрихьэлIэу зэрыщытар; бжьыхьэм лъэувыпIэ имыIэу къыпыщэщ пщIийр мэзакIуэхэм къыздахьырти, сэхураным и пIэм иту яфIэфIыпсу сабийхэми балигъхэми гъэлыгъуауэ яшхырт, щхьэузми и сэбэпт, зэрыжаIэмкIэ.
Мэз волонтёрхэм ятеухуауэ жыпIэнурамэ, ди щIыналъэмкIэ ар щIэуэ къэунэхуа гуэру щыткъым. Урысейм ар къыщыунэхуным иджыри куэд иIэт, псапащIэ IуэхухэмкIэ илъэс куэд хъуауэ лэжьыгъэшхуэ къезыхьэлIэ ди щIалэгъуалэ зэщIэхъееныгъэхэм я жэрдэмкIэ Налшык къалэ и щIыпIэ щхьэхуэхэм пхъэхуей, жыгей, блашэ жыгыщIэхэр щыхасэм щыгъуэ. Къапщтэмэ, а зэманым хаса жыг зыбжанэм Печатым и унэм и щIыбагъ лъэс зекIуапIэр, Дэшхуей хадэр ягъэдахэ. Абыхэм заужьыну хунэсащ, уеблэмэ языныкъуэ пхъэгулъейхэмрэ къыпцIейхэмрэ зэщIэгъэгъауэ иджыпсту итщ.
ЩIыуэпсымрэ сэкъат зыгъуэта мэзылъэ щIыпIэхэмрэ къэгъэщIэрэщIэжыным теухуауэ Урысейм щагъэзащIэ къэрал проектхэм хиубыдэу Налшык псым и Iуфэм екIуэкIыу гъэ кIуам щыхасауэ щытащ лIэужьыгъуэ куэду зэхэт жыг гуэрэн. Абыхэм яхэтщ япэу ди щIыпIэм къихьэхэри, ауэ ахэри ди щIыуэпс щытыкIэм езэгъащ. Жыгхэм хъарзынэу зрачауэ мэкI, къапыкIа къудамэщIэ цIыкIухэм тхьэмпэхэр къапидзэну хунэсащ.
Апхуэдэ щытыкIэм итщ Къэрэшейм и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ Хъураным и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ я зэхэкIыпIэм хуэзэ удзыпцIэ екIуэкIым щысаха къыпцIей хуейри. Сатыритхуу зэбгъурыту хаса жыгыщIэ цIыкIухэм я щхьэкIэхэр къыхэмыщу зэщIэгъэгъащ, хъуреягъыр ягъэдахэу. Абыхэм, дауи, мафIэс къыщыхъункIэ шынагъуэ щыIэ хуэдэкъым, ауэ, а щIыпIэхэр цIыху кIуапIэу зэрыщытым къыхэкIыу, щIыуэпсым и кIэлъыплъакIуэхэм псоми я нэIэ тетщ.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: