Дерс щхьэпэхэр

КъБР-м щыIэ МВД-м къет

УФ-м и МВД-м Дзэлыкъуэ щIыналъэм щиIэ къудамэм и IэщIагъэлIхэм лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI гъуэгум шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным, къэхъу зэжьэхэуэхэр нэхъ мащIэ хъуным хуэунэтIауэ. Ахэр ядолажьэ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщхьэхэм, курыт щIэныгъэрэ IэщIагъэрэ щрагъэгъуэтхэм я студентхэм, гъуэгу шынагъуэншагъэмкIэ щIэныгъэ бгъэдалъхьэу, апхуэдэ гузэвэгъуэ хэхуахэм япэ дэIэпыкъуныгъэ зэретыпхъэм хуагъасэу.

 Дзэлыкъуэкъуажэ дэт Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш колледжым и студентхэм иджыблагъэ къыхузэрагъэпэщащ апхуэдэ дерс щхьэпэхэр. Къэрал автоинспекцэм и лIыкIуэхэмрэ УФ-м и МВД-м Дзэлыкъуэ щIыналъэм щиIэ IэнатIэм балигъыпIэ имыувахэм щадэлажьэ и къудамэм и унафэщI, полицэм и подполковник Балэ Феликсрэ ирагъэкIуэкIащ а дерсхэр. Абыхэм студентхэм гурагъэIуащ гъуэгум къыщыхъу насыпыншагъэхэм ухуэзышэнкIэ хъуну щхьэусыгъуэхэр, щапхъэ зэмылIэужьыгъуэхэри къахьащ. КъинэмыщIауэ, IэщIагъэлIхэм студентхэм ирагъэлъэгъуащ гъуэгум къыщыхъуа насыпыншагъэм хэхуам япэу дэIэпыкъуныгъэ зэрепт хъуну щIыкIэхэр. Абыхэм хохьэ фэбжь зыгъуэта цIыхур сакъыу автомашинэм къызэрихыпхъэр, уIэгъэ телъмэ, медицинэ лэжьакIуэхэр къэмыс щIыкIэ ещIапхъэхэр, ар мэхауэ щытмэ, и гур зэребгъэжьэжынуми, тхьэмбылхэм зэрызебгъэшэщIыжынуми тепсэлъыхьащ. Дерсхэм къыхагъэщащ щытыкIэ гугъум зэпIэзэрыту укъикIыфыным узэрелIэлIэн хуейри.

Апхуэдэ лэжьыгъэ щхьэпэм и къызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIамкIэ, а Iуэхугъуэхэр хуэгъэпсащ гъуэгум къыщыхъу насыпыншагъэхэр, машинэ зэжьэхэуэхэр гъэмэщIэным, шынагъуэншагъэм ехьэлIа хабзэхэр цIыхухэм къызэпемыгъэудыным, гъуэгум тет цIыхум абы хуэщIа щэнхабзэ хэха зыхегъэлъхьэным.

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: