Саугъэт лъагэр зыхуагъэфэщахэр

Урыс-Кавказ зауэ (1763 - 1864 гъэхэм)

Кавказ лъэпкъхэм лъапсэрых яхуэхъуа Урыс-Кавказ зауэжьым и лъэхъэнэ хьэлъэм Урысейм и телъхьэу зэуащ ди лъэпкъэгъу куэд. Псалъэм папщIэ, Бекович-Черкасский Темырболэт (чыристан диныр къищта нэужь Федор Александрович) 1826 гъэм щIышылэм и 11-м Геогрий орденым и 4-нэ нагъыщэр къыхуагъэфэщауэ щытащ Псыжь деж щекIуэкIа зэхэуэм урыс полкым хэщIыныгъэшхуэ къылъымысу къызэрыхишам щхьэкIэ. Абы ипэIуэкIэ Бекович-Черкасскэм а саугъэтыр хуагъэтIыгъуэу щытащ Къарэмырзэ Алий и жылэр зэрызэтрикъутам папщIэ. ИужькIэ, Темырболэт къыхуагъэфэщащ генерал-майор цIэр.

Иужьрей Урыс-Тырку зауэм (1877 - 1878 гъэхэм) щхьэусыгъуэ хуэхъуар Уэсмэн къэралыгъуэм Балъкъанхэр къыIэщIэхыжынырщ. А зауэм хэтащ адыгэ зауэлI мин бжыгъэхэри. Абыхэм ящыщщ мэздэгу шуудзэм и пашэ Алътудокъуэ Тепсэрыкъуэрэ (1832 - 1898 гъ.гъ.) дзэпщ Шыпш Темырхъанрэ (1830 - 1904 гъ.гъ.). ТIуми Георгий орденым и 4-нэ нагъыщэр кърата нэужь урысей уэркъхэм ящыщ хъуащ, уеблэмэ зэгурыIуэри, зэмалъхъэгъу зэхуэхъуащ, къэбэрдей уэркъ Лъостэналий Бэчмырзэ и пхъуитIыр я зырызу къашэри - Шыпшым Гуащэщэху, Алътудокъуэм Хъымсад псэгъу яхуэхъуат. А зауэм щигъэхъам папщIэ, Георгий орденым къищынэмыщIауэ, Алътудокъуэм къыхуагъэфэщат дыщэм къыхэщIыкIа Iэщэ, "Хахуагъэм папщIэ" жиIэу тедзауэ.

1904 - 1905 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Япон зауэ

Ищхъэрэ-КъуэкIыпIэ Китаймрэ Кореемрэ щытепщэнум папщIэ Урысеймрэ Япониемрэ зэпэщIэувауэ щытащ 1904 гъэм мазаем и 9-м. Илъэсрэ мазийрэ екIуэкIа зауэм хэтащ къэбэрдейхэри, шэшэнхэри, осетинхэри, дагъыстэнхэри, ингушхэри, адыгейхэри. А зауэм зыкъыщызыгъэлъэгъуа, зи цIэр ину зыгъэIуа офицерхэм ящыщщ къэбэрдей уэркъ Хьэгъундокъуэ Едыдж (Константин (14.09.1871 - 02.12.1958 гъ. гъ.). ЗауэлI, генерал, цIыху гъуэзэджэу щыта Хьэгъундокъуэ Исмэхьил и къуэ Едыдж Къармэхьэблэ къуажэм щыщ дыжьын уэркъ унагъуэм къыщалъхуащ. Исмэхьил ящыщщ Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм уэркъ сабий анэмэту адыгэхэм къыIэщIахахэм. Сабийр лIыпIэ щиувэм чыристан диныр кърагъащтэри, гусар полкым къулыкъу щрихьэкIыну ягъэкIуащ. Щыпкъагъэ зыхэлъ адыгэ щылъху уэркъ щIалэм и Iуэху зэфIэхыкIэр дзэзешэхэм ягу ирихьри, абы къратащ подпоручик нагъыщэр икIи пIалъэ кIэщIкIэ дэкIуеящ къулыкъукIэ. Ар хэтащ Маньчжурием къыщыхъея зэщIэхъееныгъэр гъэсабырыжыным, Китайм и ищхъэрэ лъэныкъуэм щызэхашэ «Боксерское Восстание» зэхэуэр зэбгрыхуным. Китайм щызэрихьа лIыгъэм и щыхьэту абы къратащ Станислав щихъым и орденым и 3-нэ, 2-нэ нагъыщэхэр, сэшхуэхэр ящIыгъужу, Аннэ щихъым и орденым и 3-нэ нагъыщэ, «За поход в Китай 1900 - 1901 гг» медалыр щIыгъужу.

1902 гъэм Едыдж щIотIысхьэ Штаб нэхъыщхьэм и академием икIи ар 1904 гъэм ехъулIэныгъэфI иIэу къеухри, Урыс-Япон зауэр къыщыхъейм Едыдж езым и лъэIукIэ КъухьэпIэ Жыжьэм егъэзэж. Абдеж Едыдж къыщилъэщащ Аннэ щихъым и орденым и 2-нэ, 4-нэ нагъыщэхэр, Георгий щихъым и орденым и 4-нэ нагъыщэр.

Урыс уэркъ, къэбэрдей лIакъуэлъэш Анзор Мудар (1883 - 1927 гъ. гъ) тэрч-псыжь шууеидзэм и сотням и пашэу хэтащ 1905 гъэм екIуэкIа Урыс-Япон зауэм. Абы папщIи 1907 гъэм Георгий орденым и 4-нэ нагъыщэр къыхуагъэфэщащ.

Абыхэм я закъуэкъым - япон зауэм хэлIыфIыхьа адыгэ зауэлI 42-р ягъэлъэпIат Георгий жоркIэ.

Япэ дунейпсо зауэ

Къэрал 38-рэ щызэпэщIэува, илъэсиплIкIэ екIуэкIа Япэ дунейпсо зауэр щIидзауэ щытащ 1914 гъэм шыщхьэуIум и 1-м. Хабзэ зэрыхъуати, адыгэ офицерхэмрэ къызэрыгуэкI зауэлIхэмрэ къыхэщхьэхукIащ а зауэ гуащIэми.

Бжьэдыгъу уэркъ (языныкъуэ тхыдэджхэм ар хьэтыкъуейуэ щытауэ жаIэ) ЛIыхэс Мурат-Джэрий (I5.08.1973 - 15.05.1920 гъ.гъ.) подполковник цIэр зэрихьэу хэтащ Япэ дунейпсо зауэм, 21-нэ топгъауэ бригадэм хэту. ИкIи а зауэм щигъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ 1915 гъэм мэлыжьыхьым и 17-м къыхуагъэфэщащ Георгий орденым и 4-нэ нагъыщэр. 1920 гъэм Баку къалэм и унафэщIу, генерал-майор цIэр зэрихьэу большевикхэм яубыдри, яукIауэ щытащ.

Урыс-япон зауэм щигъэхъа лIыгъэм папщIэ Геогрий жоркIэ ягъэлъэпIа Едыдж Николай лъэпкъкIэ абэзэхэт. Япэ дунейпсо зауэр къэхъея нэужь, 1915 гъэм гъатхэпэм и 27-м Козэвкэ къуажэм деж щекIуэкIа зэхэуэм хэкIуэдауэ щытащ ар, икIи мазибгъу дэкIа нэужь Георгий орденым и 4-нэ нагъыщэр хуагъэфэщэжауэ щытащ.

1916 гъэм накъыгъэм и 23-м къэбэрдей уэркъ, полковник Бекович-Черкасский Тембот (Федор Николаевич) Георгий орденым и 4-нэ нагъыщэр къыхуагъэфэщауэ щытащ Япэ дунейпсо зауэм щыхэтам къигъэлъэгъуа лIыгъэм папщIэ. Ар а лъэхъэнэм къэбэрдей шуудзэм щыщу зэуащ. ИужькIэ, 1919 гъэм гъатхэпэм и 31-м, Тембот къыхуагъэфэщащ армэ хужьым и генерал-майор цIэр.

Япэ дунейпсо зауэм и тхыдэм дыщэпскIэ итхауэ къыхолыдыкI Уэлэгъей Сергей (1876 - 1944 гъ.гъ.) и цIэр. 1916 гъэм бадзэуэгъуэм и 26-м сотни 3-мрэ пулемёт взводымрэ я пашэу Стоходэ псы Iуфэм къыщытIыса бийм Iэпщэ защIэкIэ есылIэри, зэхэуэ гуащIэр яублауэ щытащ. Абы и хьэтыркIэ лъэсырыдзэр хуиту а щIыпIэм екIуэлIэну IэмалыфI къалъихьат. Пулеметри, топышэри, фочри къытещащэу, абы щхьэкIэ къимыкIуэту бийм иубыда псы Iуфэм сэлэтхэр зэрыришэлIам папщIэ, Уэлэгъей Сергей Георгий орденым и 4-нэ нагъыщэр къратауэ щытащ 1917 гъэм щIышылэм и 17-м.

Япэ дунейпсо зауэм хэта Къэбэрдей шуудзэм щыщу зауэлI 429-рэ Георгий жоркIэ ягъэлъэпIащ. КъищынэмыщIауэ, Георгий и кавалер хъуащ Анзор Пщымахуэ, Астэмыр Дэхъушокъуэ, Ахъуэхъу Кушбий, Бэждыгъу ТIитIэ, Джатауэ Уэлий, Джарым Мусэ, Дыкъэ Хьэзешэ, Инарокъуэ Алий, Къэблахъуэ Жэмалбий, Къугъуэлъкъуэ Мысост, ПащIэшхуэ Учыжыкъуэ, СулътIан Бэезыд-Джэрий, Тамбий Исмэхьил, Тхьэзэплъ Исмэхьил, Хьэмыкъу Зэкэрие, ХьэпцIэ Берд, Щхьэлахъуэ Рэмэзан, Бицу Ахьмэд.

Ди тхыгъэм и кIэм къыхэдгъэщынут зы Iуэхугъуэ - тхыдэджхэм зэпымычу жаIэ апхуэдиз лIыгъэ зезыхьа адыгэ лIыхъужьхэр я адэжь щIыналъэм зэрыщамыцIыхур, ахэр дызэриIар цIыхум ящIэн папщIи зы фэеплъ зэрыщымыIэр.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: