Адыгэм и гъащIэр Хэкужьым епхащ

Сыт хуэдэ лъэпкъри къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм щриплъэжкIэ, и гумрэ и псэмрэ нэхъ дыхьа, е нэхъ игу къеуа, зэман ипэкIэ иIа псэукIэм зезыгъэхъуэжа напэкIуэцIхэр къыхелъагъукIыж. Апхуэдэщ адыгэ лъэпкъымкIэ илъэс къэс хэдгъэунэхукI накъыгъэм и 21-р, ди гупсысэхэм къыхэна лъэхъэнэ къииныр.

Гузэвэгъуэ нэхъ ин дыдэу дунейм тет лъэпкъгъэкIуэд зауэ залымыр Урыс пащтыхьыгъуэм адыгэ лъэпкъым кърищIылIат. Абы щыгъуэ хэкуми, хамэ щIыналъэми щыкIуэдащ ди лъэпкъэгъухэр, нэхъыбэр я щIыгу ирахури, Уэсмэн пащтыхьыгъуэм икъухьа ­щыхъуащ.
Зи къэрал щхьэхуитыныгъэр зыфIэкIуэду адэжь ­лъахэм къина, зи лъахэ зрагъэбгына цIыху минищэ бжыгъэхэр зэхуэдэу гузэвэгъуэ хэхуащ икIи хуит щыхъужыну зэманым щIэхъуэпсу дунейм ехыжащ. 
Зауэ залымыр къезыгъэжьахэри, абы хэтахэри щыIэжкъым. ЩымыIэжхэм зэхащIыхьахэмкIэ нобэ дунейм тет цIыхухэм жэуап яхьыркъым - Къемэт махуэм хэти хуэфащэр Алыхьым зэхигъэкIынщ. Сыт и лъэныкъуэкIи дызыщыгугъри, ди дзыхь зытелъри а Зыращ.
Дэ къыдгурыIуэн хуейщ нобэ дызыпэщIэувэн зэрыщымыIэри, адыгэ лъэпкъым ифI зыхэлъ Iуэхухэр псапэу зэфIихыну, ныкъусаныгъэхэр тхузэригъэзэхуэжу ди пащхьэ къизылъхьэн зэрыщымыIэри. Тхьэшхуэр дэIэпыкъуэгъуу, ди IэпщитIымкIэ длэжьыфынуращ къытхуэнэжыр. 
ИлъэсипщI бжыгъэхэр блэкlами, а зэманым ди щхьэ кърикIуар ди гъащIэми, ди щIэжми хэбдзынуи хэпхынуи плъэмыкIыу, щыщ хъуащ. А напэкIуэцI гузэвэ­гъуэр адыгэ лъэпкъым и тхыдэм къыхэна къудейкъым. Аращ нобэ ди псэукIэр зэлъытари, ипэкIэ дыкIуэтэнымкIэ къару тхуэхъури. 
 Нобэ хуэдэ щыгъуэ махуэм ди гупсысэхэр зытеухуар ди лъэпкъым ишэча лъэпкъгъэкIуэд зауэм сыт хуэдэ дерс къыхэтхын, сыт хуэдэ лъэныкъуэкIэ къару зэдгъэгъуэтыжын, дауэ зыдужьыжын жыхуиIэхэращ. Ар ди лъэпкъымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ.  
Ди зэфIэкIыр зэпхауэ щытын хуейр Кавказми хамэ къэралхэми къыщалъхуа адыгэхэр нобэрей дунейм зыкъыкIэрамыгъэхуу, зыдрагъэкIуу псэунырщ. Псэу­кIэ ирехъу, гъэсэныгъэ, щэнхабзэ, спорт - сыт и лъэныкъуэкIи пэрыт, щапхъэ къыттрах дызэрыхъуным дыщIэхъуэпсын хуейщ. 
Уадыгэмэ, япэ дыдэу уиIэ пщэрылъыр уи лъэпкъ ухуэлэжьэныр, уи щIыгужь уисыжыныр, уи анэдэлъ­хубзэр пхъумэныр, диныр бгъэлъэпlэныр, адыгагъэм утемыкlыу, илъэс мин бжыгъэ лъандэрэ лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэр зыми хыумыгъэутэныр аращ. Аращ адыгэ Iуэхур зытеухуауэ щытын хуейр. 
Защытхъумапхъэщ лъэпкъ гупсысэ зимыlэу, Iуэху пыухыкIаи зымыщIэфу гуитIщхьитIу дунейм тетхэм. Апхуэдэхэр лъэпкъым гъуази паши хуэхъуркъым. 
Лъэпкъыр Хэкужьым щызэхуэсыжым Iуэхур псом япэ игъэщыпхъэщ.  Къэгъэзэжыным пэув дэтхэнэми, сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ ищIми, адыгэ лъэпкъым игу фIы хуимылъу къыдолъытэ. Апхуэдэхэр гурэ псэкIэ зыхуэлажьэр адыгэ лъэпкъым и щIыгужь IэщIэгъэкIынырщ, игъащIэкIи зыкъимыIэтыжынырщ, хамэ къэралхэм, ямылъэпкъэгъухэм яхэкIуэдэжынырщ. ДэркIэ ар нахуэщ.
Адыгэ нэсым и гъащIэр зэпхауэ щытыпхъэр Хэкужьырщ. Абы къыхэкIыу, Алыхьым долъэIу ди адыгэ ныпыр ди щхьэщыгу иту, Хэкужьым дыщызэришэлIэжауэ тлъагъужыну!

Сэхъут Аскэр. Краснодар къалэ
Поделиться: