Зауэжьым дызэрызэбгридзарХьэтхэм къатехъукIыжауэ, адыгэ лъэпкъ уардэр тенджыз ФIыцIэ Iуфэмрэ Джылахъстэнеймрэ я зэхуакум дэлъ щIыналъэм къэралыгъуэшхуэу щыпсэуащ илъэс мин бжыгъэкIэ. Адыгэ лъэпкъым и процент 95-р Урыс-Кавказ зауэжьым ихьауэ щытащ, зэтраукIами псэууэ къэнахэм ящыщ куэд дыдэ Хэкум залымыгъэкIэ ирашами. Абы и пэ къихуэу Адыгэ Хэкум цIыху мелуани 2 щыпсэуащ. 1763 - 1864 гъэхэм къриубыдэу ди лъэпэгъу мелуан 1,5-рэ яукIащ, ирашащ е емынэмрэ таломрэ яхьащ. Гуауэ зэрытщыхъущи, ираша адыгэр псори Тыркум нэсакъым: гъуэгу тету уз зэрыцIалэхэр къахыхьэри, абы илIыкIащ, тенджызым щIилъэфа кхъухьхэм исахэри мин бжыгъэкIэщ къызэрабжыр.
Нобэ ди лъэпкъэгъуу дунейм тетым я бжыгъэм ущIэупщIэмэ, къэпщытэныгъэхэм къагъэлъагъуэр зэхуэдэкъым, ауэ нэхъыбэм жаIэр цIыху мелуани 3,5-рэщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, ар пэжькъым, Тыркум и закъуэ адыгэу мелуани 7,5-рэ зэрыщыпсэур къэплъытэмэ. Тыркум - мелуан 1,5-рэ. Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэм зи Хэкум ираша мухьэжырхэмрэ Мысырым 1390 - 1517 гъэхэм тепщэгъуэр щызыIыгъа адыгэ мамлюкхэм я щIэблэм-рэ «адыгэ» (черкес) хужаIэу щыIэщ хамэ къэралхэм. Урысейм и щIыналъи 6-м нэхъ зэуIуу щопсэу адыгэхэр: Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием (Мэздэгу щIыналъэм).
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|