Шэрджэс пщащэ Жаннет

Урыс-Кавказ зауэм и гуащIэ­гъуэт, бийм гущIэгъуншэу адыгэ къуа­­жэхэр ягъэсырт. Апхуэдэ Iуэ­ху­хэм ящыщ зым полковник Малышевскэм и Iэблэм фочышэ къытохуэ. Гупым къахэуэр илъэс 12-м ит адыгэ хъыджэбз цIыкIут. Абы пкIэунэм зыщигъэпщкIуауэ дамэдазэ гуэрым къыдэукIырт. Хъыджэбз цIыкIум шэхэр къыхуишийуэ къыбгъэдэст илъэсип­щIым ит и дэлъхур. Ахэр зылъэгъуа пол­ковникым унафэ ещI тIури псэууэ къау­быдыну. ЩIалэ цIыкIур, губгъуэ бжэным хуэ­дэу, зы унащхьэм илъым, адрейм лъэу­рэ яIэщIэкIри щIэпхъуэжащ, ауэ и шыпхъур къаубыдащ. Ар мэз джэдум хуэдэу емылыджт, яIэщIэкIыжыну хэту зауэлIхэм ядэфыщIейрт. Джанэ щыгъыр, уигъэгужьейуэ лъы защIэт, хъыджэбзым уIэгъэ ­телъу къахуэгъуэтакъым (уIэгъэ хъуа гуэ-рым дэIэпыкъуауэ хуагъэфэщащ). Полковникым и унафэкIэ хъыджэбз цIыкIур япэ щIыкIэ къутырым яшащ, итIанэ, полковникым и щхьэгъусэр арэзы хъумэ, пщащэ тхьэIухудыр пхъууэ къащтэну я унэ ишащ. 
Наталье Сергеевнэ арэзыпсу хъыджэбзыр япIыну къащтэ. Пщащэ цIы­кIур Iэнкунт, хамэбзэкIэ къепсалъэхэм ящы­шынэ къыщIэкIынти гъырт. Зи адэ-анэр зы­фIэкIуэда пщащэ цIыкIум Наталье Сергеевнэ игу щIэгъурти, зришалIэурэ гуапэу IэплIэ ­хуищIырт. 
Апхуэдэурэ махуэ зыбжанэ кIуащ. Наталье пхъу ищIар игъэпскIащ, щыгъы­ны­щIэкIэ ихуэпащ, и щхьэцыр екIуу хузэригъэзэ­хуащ, зыгуэрурэ и цIэри къищIащ - Жэнэт. Ар бзылъхугъэм «Жаннет» цIэм иригъэщхьри, абыкIэ еджэн щIидзащ, иужькIи а цIэм къытенащ.
Жаннет къыпхуэмыцIыхужыну хъыджэбз дахэ къищIыкIат. ИтIанэ еджэфу тхэфу ирагъэсащ. Хъыджэбз цIыкIур мы­зэшын ­папщIэ дэрбзэр IэщIагъэм хуагъэсащ, унагъуэр зыхуей хьэпшып цIыкIу гуэрхэр ирагъэдурэ. Сыт хуэдиз фIыгъуэм хэсми, абы зэи и унагъуэр игу ихуртэкъым, махуэр зи кIыхьагъым егупсысырт, жэщым нэху щыху абыхэм епщIыхьырт. 
Жаннет къызэрымыкIуэу дихьэхырт цIы­хухъу Iэщэ-фащэхэм. «И адэ» Ипполит Пет­рович пщIантIэм къызэрыдыхьэжу, Iуэхуу иIэр къигъанэрти, абы и деж щIэжырт, шым телъэщIыхьырт, уанэр къытрихыжырти, Iус иритырт. ИтIанэ езыр шэсырти, шыр псафэ ишэрт. Уеблэмэ и фочри щыхуилъэщI щыIэт.
Жаннет хъыджэбз гурыхуэт, и «анэм» къыжриIэу хъуар зэригъащIэрт, зы­хилъхьэрт. Ар щагъэгъуазэрт урысхэм я ­хабзэм, зэхэтыкIэм. ТхакIуэ цIэрыIуэхэм я IэдакъэщIэкI къыхэхахэм ирагъаджэрт, макъамэм, щэнхабзэм, гъуазджэм хагъэгъуазэрт. Жаннет гугъу демыхьыщэу пианинэ еуэкIи зэригъэщIат. Ипполит Петровичрэ Наталье Сергеевнэрэ щыгуфIыкIырт тегушхуэу къащта хъыджэбзыр зэрыгубзыгъэм, зэрыакъыл жаным, зэрыщIыкIафIэм, уеблэмэ загъэщIэгъуэжу ирипагэрт. 
Зэманыр псынщIэрыкIуэщ. Жаннет и ныбжьыр илъэс 14-м щрикъуам и теп­лъэкIи, цIыху хэтыкIэкIи, зыIыгъыкIэкIи зы­дэс къутырым къахэщт. Ар къамылыфэт, и щхьэцыгъуэр и бгым фIэкIырт. ЖыпIэнуракъэ, а щIыпIэм щыпсэу щIалэхэм ящыщу куэд Жаннет къеплъакIуэрт. 

*  *  *
Зэгуэрым Абдул ефэндыр гъэру къа­хуащ. Абы куэд щIауэ урысхэр къигъап­цIэрт: я щэхур и ныбжьэгъу шэрджэсхэм яхуи­хьырт, мыдрейуэ бийм «ныбжьэгъу» за­хуищIауэ шэрджэсхэм я Iуэхур зэдзэ­кIауэ урысхэм яIуридзэжырт, фитIнэ жыхуаIэм хуэдэт. Ар къащIэри Абдул ефэндыр яубыдауэ арат. Абы и Iэхэр быдэу пхат, пхъафэм хуэдэу къурэ хъуа и джанэр лъы защIэт. Ауэ щыхъукIи,  и щхьэр лъагэу Iэтауэ, зыри къримыдзэ хуэдэ кIуэрт.
Ипполит Петрович гъэрыр я унэ къыхуа­шэну унафэ ищIащ (абы Абдул ефэндыр куэд щIауэ ицIыхурт). ЛIыжьым и уIэгъэхэр хуатхьэщIащ, хуапхащ, ягъэшхащ.
Жаннет и гур къилъэту зэпиплъыхьырт жьа­кIэ фIыцIэ зытет «хьэщIэр». Дауи, абы къыгурыIуат гъэрыр зэрыадыгэр, ауэ епсэлъэну дзыхь ищIыртэкъым. 
Абдул а унагъуэм щIэх дыдэу яхэсыхьащ. Ар цIыху гушыIэрейуэ, хъыбарыбэу къы­щIэкIат. Абы и урысыбзэ мащIэр хурикъурт сыт хуэдэ Iуэхугъуэри къиIуэтэжыну. Абдул Жаннет адыгэбзэкIэ къепсалъэрт, къыдэгу­шыIэрт, игъэдыхьэшхырт. Езыр жьэкIэ пшынэ еуэурэ къафэрт, джэгурт. 
Зэщхьэгъусэхэм я пхъур ныщхьэбэ хуэ­дэу нэщхъыфIэу зэи ялъэгъуатэкъыми, абыхэм Абдул фIыщIэшхуэ хуащIырт. Пщы­хьэщхьэхуэкIуэ щыхъум, Жаннетрэ Абдулрэ зыкъомрэ адыгэбзэкIэ зэпсэлъащ, Алыхьым ещIэ а тIур зытепсэлъыхьар… ­Феплъыт адэкIэ къэхъум.

*  *  *
Абдул ефэндыр жэщым щэхуу къыщIокIри, станицэм къыдокIуэсыкI. Жаннет шым уанэ трелъхьэ, мэшэсри, ды­гъуэпшыхь зэраухылIа псы Iуфэм Абдул щыIуощIэ. Жаннет Iэ сэмэгумкIэ шхуэ­мылакIэр шэщIауэ иIыгът, Iэ ижьым кIэрахъуэ гъэпкIа IэщIэлът. 
- Уи пщэдджыжь фIыуэ губгъуэ тхьэры­къуэ цIыкIу, - ефэндыр пщащэм къыпожьэри шхуэIур еубыд. - Епсыхи, уанэр фIыуэ щIэзгъэкъузэж». Кърегъэпсыхри, езым шым зытредзэ. 
- Плъагъурэ дахэ Iуэхур зэрыхъу… Уэ уIуэхукъым, хъумэ, иужькIэ сыкъып­кIэ­лъы­кIуэ­жынщ. Сэ сопIащIэ, узыншэу! - шым йолъэдэкъауэри зреч, напIэзыпIэм ар нэхущым хокIуасэ.
Абдул ефэндым заримыгъэубыдыжын              и гугъэу къэзакъхэм япэщIэтами, къикIа щыIэкъым. Ар полковникым щызэхихым и гур нэхъ псэхужащ. Ауэ зэщхьэ­гъусэхэм ягу къеуэр нэгъуэщIт. Апхуэдизу зы­хуей хуа­гъазэ, зыхуэгуапэ, ягу зыкIэрыпщIа хъыджэбз цIы­кIур щIэпхъуэжыну игу щIрилъхьар яхузэгъэзахуэртэкъым тIуми. 
Жаннет и Iуэхур зэрымыщIагъуэр къыгу­рыIуэнтэкъэ? КъыгурыIуэрт, арат гъыуэ и пэшым щIыщIэсыр. 
Жаннет зэрыт щытыкIэм кърашыну, трагъэун мурад яIэу Наталье Сергеевнэ и гъусэу Тифлис ягъэкIуащ. Шэч хэмылъу, абыхэм загъэпсэхуащ, я нэгу зрагъэужьащ. Шэрджэс пщащэ тхьэIухудым куэд ныб­жьэгъу къыхуэхъуат. ЦIыху хыхьэмэ, и зы­IыгъыкIэм, Iэдэбагъым, псэлъэкIэм, гъэсэныгъэм куэд дихьэхырт. 

*  *  *
Ипполит Петрович зауэ къулыкъур ­щиухым, генерал-майор къыфIещри уна­гъуэр Урысейм и къалэ жыжьэ гуэрым Iэп­хъуэжащ. Дауи, абыхэм ягу къеуэрт Кав­казыр зэрабгынэр, зэи я гум имыхуну бгырыс Iэлхэр, ауэ щыхъукIи, къызэрымкIуэу пэжхэр, я щхьэхуитыныгъэм, хэкум ­папщIэ зи псэр зытыну хьэзырхэр. Ахэр здэ­Iэп­хъуэжа къалэр шына­гъуэншэщ, тын­шыпIэщ, псом нэхъыщхьэращи, я атэ­лыкъ хъыджэбзым ягу ирихь щауэ къыщыхуа­лъыхъуэнущ.
Зэщхьэгъусэхэр я хъыджэбз гъэфIэным хухэплъыхьырт. Дауи, абыхэм малъхъэ къу­лей, къулыкъу зиIэт къалъыхъуэр. 
Наталье «и пхъум» и пщэм ирилъхьат налкъуткIэ гъэщIэрэщIа жор. Ар хуейт шэрджэс пщащэм чыристан дин къызэрищтар хэ­IущIыIу ищIыну. Абы дэнэ щищIэнт, и ди­ныр иригъэхъуэжами, и адыгэгум зыри зэрыхуемыщIар. Жаннет фIыгъуэм хэсу псэуми, а зыхэтыр абы зэримыдунейр, зэримыгъащIэр къыгурыIуэрт. Абы а «дунейр» фIыуэ хуэлъагъуртэкъыми, зэны­къуэкъуж зэпытт… А узыр зыкIи хуэмыгъэхъужу пкърытт адыгэ пщащэм. Абы ищIэрт псом нэхъ хущхъуэфIыр - адэжь лъахэр зэрыарар. Адыгэ пщащэм хэкужьым и къарур, абы кърит ­гушхуэныгъэр зыпищI щыIэтэкъым. Ар зыхэт щIалэгъуалэм я зыщIыкIэм, гупсысэкIэм, дуней тетыкIэм игу иримыхь куэд хэлът. Хъыджэбзхэр Iуэхуншэ защIэ ­хъужрэ Iэпэ задэти зыхащIыкI мы дунейм теттэкъым. ЩIалэхэращи, хуэмыху защIэхэт. Пэжщ, абыхэм дахэу загъэфэрыщI, зыкърах, ауэ надэ защIэщ. 

*  *  *
Апхуэдэурэ мазэ зыбжанэ дэкIауэ, Ип­по­лит Петрович Кавказым къикIыу письмо къыхуатхащ: «Уи ныбжьэгъу генералымрэ и фызымрэ яукIри, я сабий илъэсищ фIэкIа мыхъур зеиншэу къэнащ»-псалъэхэр иту. Генералым хъыбар гуауэр гущIыхьэ щы­хъуащ, икIи, куэдрэ мыгупсысэу, щIалэ цIыкIур я унэ къригъэшащ. Ар къэзышар къэзакъ зауэлI Матвейт. Абы адыгэ фащэ дахэ щыгът, щIалэ къекIут, теплъафIэт. Генералым шы фIыуэ илъагъурти, куэд щIауэ къилъыхъуэрт ар зезыхьэн. Матвей шыкIэ IэкIуэлъакIуэу генералым къыщищIэм, я деж къигъэнащ ишхэм кIэлъигъэплъыну. Абы шы мыгъасэ, емылыдж гуэр иIэти, ар щIалэм игъэсэну и къалэнт. 
ЩIалэм шыр къыщIешри, мэшэс, шыр йотхауэ, фIалъэ лъакъуитIыр еIэтри ­кIэбдз­­хэмкIэ мэув, тесыр къызэтридзыну хузэ­фIэкI къигъанэркъым. АрщхьэкIэ, Матвей шхуэIур быдэу иIыгъщи, шыплIэм къимыхуу тесщ. А къэхъу псоми Жаннет гузавэу ­щхьэгъубжэмкIэ кIэлъоплъ. Матвейрэ шымрэ зэрытегъакIуэркъым. Сытми, зы зэман шыр йозэшри, кIэбдз лъакъуи­тIымкIэ йотIысэх. Жаннет гуфIэу до­лъей. ЗэрыгуфIар дауэ Матвей къригъэщIэну? И щхьэгъубжащхьэм тет удз гъэ­гъам щыщ къу­дамэ хуридзыхыну игу къокI, апхуэдэуи ещI. Матвей абы гу лъимытэу къэнакъым, ауэ гъэгъар къызыдадза щхьэгъубжэри къыдэзыдзари къыгурыIуакъым. Ауэ ар игу ирихьа хъыджэбзыр арауэ хуигъэфэщащ.
Матвей и фащэ нэхъыфIымкIэ зыкъихуапэри, генералым хуей хуэдэ, хъыджэбзыр зыщIэс пэшым щIыхьащ. ЩIалэ бгы псыгъуэм и сэмэгурабгъумIэ къамэрэ сэшхуэрэ кIэрыщIащ, ижьырабгъумкIэ кIэрахъуэ кIэрылъщ. Жаннет къэIэубжьауэ абы бгъэдэкIуатэри, адыгэбзэ къабзэкIэ еупщIащ:
- Матвей, уэ у-адыгэ? 
- Си анэр адыгэщ, си адэр къэзакъщ, - адыгэбзэ къабзэкIэ жэуап къетыж мыдрейми. Жаннет и Iыхьлы гуэр къигъуэтыжа хуэдэ щIалэм щыгуфIыкIырти, зимыгъэн­щIу зэпиплъыхьырт. 
- Сэ сощIэ, къэзакъхэри адыгэхэм хуэдэу - фышыуейщ, фыIэщакIуэщ - и адыгэ къамэм тоIэбэ.- Саут хэлъщ, - Матвей гъунэгъу къыхуэхъуа хъыджэбзым и дахагъэм зыщимыгъэнщIу зэпиплъыхьырт. 
- Матвей, уэ щхьэгъусэ уиIэ?- къы­зэры­жьэ­дэлъэтар къыгурымыIуэжу хъыджэбзым жиIэри, укIытэжащ. ЩIалэм Iэнкуну: 
- Хьэуэ… уэ генералщ пхуэфащэр,- жи.
- Ауэ жыхуэпIэхэм сатеплъэну сыхуейкъым сэ!
- АтIэ къэзакъ зауэлI нэхъ къапщтэу ара?
- Матвей, зэгъусэу дыщIэгъэпхъуэж. Сэ Iэджэ щIауэ сыщIэпхъуэжыну сигу илъщ. Хъыджэбзым и мурадхэр къанэ щымыIэу хуиIуэтащ къэзакъым. ЩIалэм къыгуры­Iуащ Жаннет и хэкум игъэзэжын папщIэ, фIыуэ имылъагъум дэкIуэну, и хуитыныгъэм и насыпыр щхьэузыхь хуищIыну зэры­хьэ­зырыр. 
Хъыджэбзыр къэзакъ щIалэм зэрегуэ­кIуар къыщищIэм дауи, генералыр губжьащ икIи ар Жаннет хуамыгъэзэну унафэ быдэ ищIащ.
- Наталье, мы къэзакъым ди мурадхэр зэтрикъутэнкIэ хуэIуа щыIэкъым. Абы дэкIуасэм дыкъэсыжакъэ - хуэтхьэусыхэрт Ипполит Петрович и щхьэгъусэм.
- Ипполит, къэзакъыр къыздикIам гъэ­кIуэж, зэман дэкIмэ, тIуми ягу илъыр ящыгъупщэжынущи, дэ дызыхуей щIалэм хуэ­дэ хъыджэбзым къыхуэдгъуэтыжынщи, зэ­фIэ­к­Iащ,- еущиерт бзылъхугъэр и щхьэгъусэм. 
Къэзакъ щIалэр хуэзэну къызэрыпау­быдрэ Жаннет яхуэшхэртэкъым. «Сышхэну фыхуеймэ, Матвей къысхущIевгъэхьэ», - жиIэрти, хуахьыр къыщIригъэхыжырт. 
Апхуэдэурэ Жаннет сымаджэ мэхъу. ЯщIэнур ямыщIэу зэщхьэгъусэхэр мэгузавэ, хэкIыпIэ къалъыхъуэ. «Бгырыс бзылъхугъэм щалъхуа лъахэр пхущыгъэгъупщэнукъым. Ар хьэкъщ. Матвей мыбеижьми хуэмыхукъым, хъыджэбзыр игъэпсэуфынущ»,- жа­Iэри зэщхьэгъусэхэм унафэ ящIащ япхъу гъэфIэныр абы иратыну. 
Нэчыхь хурагъэтхыу хьэгъуэлIыгъуэ дахи иращIэкIа иужь унагъуэщIэр Кавказым къэкIуэж гъуэгум къытрагъэувэжащ. 

*  *  *
Илъэсихым къриубыдэу Жаннетрэ Мат­вейрэ быниплI зэдагъуэтащ (къуитIрэ пхъуитI­рэ). Жаннет зэи щыгъупщакъым адэ-анэ пэлъытэу иIа, зыпIа, гъэсэныгъэ дахэ къезыта цIыхуфIхэр - Ипполит Петровичрэ Наталье Сергеевнэрэ. Ахэр щIэх-щIэхыурэ зэрощIэ, зэкIэлъокIуэ, я пхъу­рылъхухэр ­къохъу, кIуэурэ ялъагъу. Ипполит­рэ Натальерэ жьыщхьэ махуэ хъуауэ забжыж.

Дружинин Александр и «Мадемуазель Жаннет» 
хъыбарым щыщ пычыгъуэщ.
АдыгэбзэкIэ зэзыдзэкIар 
Шыгъушэ Алийщ. 
Сурэтыр Пащты Герман ейщ.  

Поделиться: