Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Кавказ зауэм хэкIуэда Адыгэхэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрызахуигъазэр

Си лъахэгъу лъапIэхэ!
Илъэс къэс накъыгъэм и 21-м дэ ди щыгъуэ махуэщ: Кавказ зауэм хэкIуэда Адыгэхэм я ­фэеплъ махуэщ. 
Ди щхьэр яхудогъэщхъ гущIэгъуншэ, лъы­гъажэшхуэ зауэм зи гъащIэр къызэпиуда псоми я фэеплъым.
ХIХ лIэщIыгъуэм щыIа къэрал лъэрызехьэхэм я геополитикэ зэпэщIэтыныгъэм кърикIуа Кавказ зауэм адыгэхэм хэщIыныгъэ ин къахуихьащ, ижь-ижьыж лъандэрэ я адэжь хэкур куэдым ­ябгынэн хуей хъуащ.
АрщхьэкIэ а лъэхъэнэ хьэлъэм ди япэ итахэр къызэфIигъэщIакъым. Псэбыдагъ, лIыгъэ, Iущыгъэ лъэщ зэрахэлъым и фIыгъэкIэ абыхэм яхузэфIэкIащ къелыну, тхыдэм и напэкIуэцI шынагъуэр къызэрагъэдзэкIыну, адыгэ лъэпкъым и къэкIуэнумкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зэгуэр ящIа къыхэхыныгъэм хуэпэжу къэнэну. Абы и фIыгъэкIэ адыгэхэм я щIыхьыр зэтраIыгъащ, адэжь хэкум щыпсэунымрэ щыунэнымрэ щыпащащ, я бзэр, щэнхабзэр зыми хуэбгъадэ мыхъун зэхэтыкIэмрэ хабзэмрэ яхъумэжыфащ икIи нобэ я къэкIуэнур ирагъэфIакIуэ, ди къэрал иным и лъэпкъ куэду зэхэт унагъуэм щыщу.
Си фIэщ мэхъу: ди адэжьхэм я уэсятхэр ди щIэгъэкъуэну, я зэкъуэтыныгъэмрэ Хэкум зэры­хуэпэжамрэ ди щапхъэу дэ къызэднэкIыфынущ зэманым къытхуигъэув гугъуехьхэр, нобэрей цIыхухэмрэ къытщIэхъуэ щIэблэмрэ я зэIузэ­пэщыныгъэр зэгъэхъулIэнымкIэ ди мурадхэр зэдгъэхъулIэфынущ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху псоми сы­нывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, мамырыгъэ, насып, гукъыдэж фиIэну, фIы псори къывэ­хъулIэну.

Сурэтыр  Къарей  Элинэ  трихащ.

Поделиться: