Шынэшынэ щыIэу, умышынэШынэшынэм (ромашкэ) теухуа щIэныгъэм япэу ущрохьэлIэ урым тхакIуэ Плиний нэхъыжьым и лэжьыгъэхэм. Езы удз гъэгъар илъэс 4000 хуэдиз хъуауэ щыIэу къалъытэ. Мысырымрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ къыщагъуэтыжащ шынэшынэр сурэту зытещIыхьа хьэпшып тIорысэхэр. Критым къыщагъуэтащ а удз гъэгъам и теплъэкIэ гъэщIэрэщIа дыщэ щхьэцхэлъхьэ. Ику ит лIэщIыгъуэхэм щыгъуэ лIыхъусэжьхэм я гум къыдыхьа бзылъхугъэм иратырт шынэшынэ. Бзылъхугъэр абы къыдэкIуэну арэзы зэрыхъум и нэщэнэт, а удз гъэгъахэр хъурейуэ иблэу и щхьэцым зэрыхилъхьэр.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|