Сэрмакъ щыщIэдзауэ Берлин нэс…

СССР-м ис лъэпкъ псори зэгурыIуэ-зэдэIуэжу псэурт, шхэжырт, псэукIэр нэхъри нэхъыфIыж, къэралыр лъэщ, быдэ зэрыхъуным яужь итт дэтхэнэ зыри.
Мы тхыгъэр зытеухуа Вындыжь КIуолэ Алихъан и къуэр псэ хьэлэлкIэ лэжьыгъэм бгъэдэту колхозым щылажьэрт. Абы щыгъуэ бригадэ зыбжанэу зэпаудат. КIуолэ гу зэрихуэрт, звеном и унафэщIыуи лажьэрт.
1939 гъэм Вындыжь КIуолэ Москва дэт ВДНХ-м ягъакIуащ, гъавэ бэв къызэригъэкIам папщIэ. Абы саугъэт лъапIэхэри дипломи къыщратащ.
1941 гъэм, мэкъуауэгъуэм и 22-м ди къэралым и мамыр гъащIэмрэ лэжьыгъэ и лъэныкъуэкIэ иIэ ехъулIэныгъэхэмрэ фашист Германием къызэпеуд. Гитлер и дзэ хьэщхьэрыIуэр ди Хэкум къытеуащ. Совет цIыхубэр зы лъэпкъ быну бийм пэщIоувэ. Мэкъумэш Iэмэпсымэхэр IэщэкIэ ихъуэжын хуей хъуащ дэтхэнэ зы балигъми, фIыуэ илъагъу и Хэкур ихъумэжын папщIэ.
Зауэ гъуэгуанэ хьэлъэ икIун хуей хъуащ Вындыжь КIуоли: Сэрмакъ къуажэ щыщIэдзауэ Берлин нэсыху. Езы зауэлI лIыхъужьым игу къызэригъэкIыжу зэрыщытамкIэ, зэуапIэ нэхъ хьэлъэ дыдэу зыхэтар «Курская дуга» жыхуаIэращ. Абдеж зэхэуэ гуащIэ зэрыщыIар тхыдэми къыхощыж, куэдми я тхыгъэхэм къыщагъэлъэгъуащ. Хэку зауэшхуэм щекIуэкIа зэхэуэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщ зыщ ар. КIуолэ и бгъум къыщехуэха минэм къегъэмэх, и щхьэм фIэкIа къыщIэмыщыжуи щIевэ. АдэкIэ адыгэ зауэлIым и Iуэхур гъэщIэгъуэнурэ къекIуэкIащ.
Нэмыцэхэр щхьэщахури, зэуапIэр дыдейхэм къахуэнат. КIуолэ и ныбжьэгъу зауэлIхэм и бгырыпхым нэс ятIэм къыщIагъэщыжри, и бгъэ жыпым илъа документхэр ирахри архивым иратащ, яукIа ягугъэри. «ЛIыхъужьыгъэ зэрихьэу Курскэ дугам щыхэкIуэдащ Вындыжь КIуолэ Алихъан и къуэр» жи1эу  иту тхылъ Сэрмакъ къэкIуащ. Бынунагъуэр гузэващ, нэщхъеягъуэ хэхуащ, сыт пщIэнт, ихъуреягъкIэ апхуэдэ Iэджэ къэхъурт. ЗэрыжаIэу, яIэри ямыIэри зэхалъхьэри хьэдэIус хуащIащ. ТIэкIу дэкIри, къурIэнаджэ хуащIу цIыху къекIуэлIахэр пщIантIэм дэту, письмо унагъуэм къаIэрохьэ «СыфIщ, сыузыншэщ. Фэ дауэ фыщыт?» жиIэу иту. Абы зэи нэгъуэщI псалъэ къитхыртэкъым, уIэгъэ щыхъуами ибзыщIат, хуейтэкъым унагъуэр игъэгузэвэну. Мыбы щыгъуи арат. Ауэ абыкIэ арэзы пхуэхъунутэкъым икIи пхуэувыIэнутэкъым КIуолэ и адэ шыпхъур. Абы КIуолэ хуитхащ мыпхуэдэу: «УаукIауэ тхылъ къытIэрыхьащ, упсэур пэжмэ, уи сурэт къытхуегъэхь». АдэкIэ Iуэхур къызэрекIуэкIар зауэлIым игу къигъэкIыжу жиIэрт: «ЗэуапIэм санитархэр шызакъуэгукIэ ныхыхьауэ хьэдэхэр щхьэхуэу зэщIакъуэрти, бомбэм къриуда мащэшхуэм иралъхьэрти щIалъхьэрт, псэууэ къэнахэр сымаджэщым яшэрт. Сэри сылIа ягугъэри, лIахэм сыхалъхьат. Си насыпти, иджыри си псэр зэрыхэмыкIам зы санитаркэм гу лъитащ икIи сымаджэщым яшэнухэм сахигъэхуащ. КъызэрызжаIэжамкIэ, тхьэмахуэкIэ зыкъэсщIэжакъым. Си псэр къызэрыпыхьэжу, медсестрам селъэIури унэм письмо къезгъэтхащ, сызэрыпсэур иту, мыгузэвэнхэу. Си документхэр къызэращтамкIэ къэсщIат сымыпсэужу, унагъуэм къыхуэщыгъуэу къызэратхар. Зэман дэкIри, сызэрыпсэур яфIэщ хъун папщIэ си сурэт къахуезгъэхьыну си анэ шыпхъум и лъэIу тхыгъэ нысIэрыхьащ. Дэнэ къисхынт сурэттех. Я лъэIур схуэмыгъэзащIэурэ мазэ дэкIащ. Абы хэту сигу къэкIыжащ си деж сымаджэщым щIэупщIакIуэ нэкIуа си ныбжьэгъу щIалэм си сурэт зэриIыгъыр. Арат зэпымыууэ письмо ди деж къысхуэзытхри. Сэ схуэтхыртэкъым. Абы селъэIуащ сызэрыпсэур къитхыу сурэти къригъэхьыну. Апхуэдэуи ищIащ, арщхьэкIэ дэнэ я фIэщ щыхъунт. ИпэкIи апхуэдэ сурэт къезгъэхьати, мыхьэнэшхуэ иратакъым. Къэтха си ныбжьэгъум пцIы иупсу къалъытэри, зэрыщыт дыдэр яригъэщIэну нелъэIуащ. Дыдейхэми я гугъэр зэрысхахыжар къызгурыIуати, ар сигу къеуэрт. Си ныбжьэгъу Чернаков Иван Сыбыр щыщт, щIалэ хьэлэмэтт. Ар аргуэру си деж щIэупщIакIуэ нэкIуауэ къызжиIащ: «Николай, мы Iуэхум нэгъуэщI хэкIыпIэ хэслъагъуэркъым. Сэ фи деж ящIэ сызэрыурысыр, адыгэбзэ зэрызмыщIэр. Уэ уи бзэмкIэ жыпIэр сэ зэрызэхэсхым, зэрысхуэтхым хуэдэу стхынщи едгъэхьынщ, итIанэ яфIэщ дыхъункIэ хъунщ». Апхуэдэуи тщIащ, арщхьэкIэ дэнэт, яфIэщ дыхъуакъым. Сытми, си узыншагъэр нэхъ зэтеувэжа иужь, сурэт зытрезгъэхри къезгъэхьащ икIи я гур згъэзэгъэжащ. Сэри зауэр иухри узыншэу, ТекIуэныгъэшхуэр къэтхьауэ сыкъекIуэлIэжащ. Абы нэмыщI, етIуанэу нэхъ гузэвэгъуэу псэ зэпылъхьэпIэ сыщихуар Кенигсберг быдапIэр къыщытщтам щыгъуэщ. Абы щхьэкIэ къызатауэ щытащ «За отвагу» медалри».
Апхуэдэ хъыбар гъэщIэгъуэн куэд къыбжиIэжыфынут лIыхъужьыгъэ зэрихьэу Хэку зауэшхуэм хэта Вындыжь КIуолэ.
Правительствэм, ЗыхъумэжынымкIэ министерствэм къабгъэдэкIыу абы къыхуагъэфэщащ ЩIыхь грамотэ 17, «Кавказыр зэрахъумам», «Берлин къызэращтам», «Кенигсберг къызэращтам», «Варшава щхьэхуит зэращIыжам», «Хъыжьагъэм», «Германием зэрытекIуам» папщ1э  медалхэр.
Зауэ нэужьым къратыжащ «Хэку зауэшхуэм» и орденым и етIуанэ нагъыщэр.
Ди къралыр фэшизмэм щызыхъума апхуэдэ лIыхъужьхэр дэ зэи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. 
 
ШАФИЙ Аслъэн
Поделиться: