Кавказ Ищхъэрэм и гупыр етхуанэщ

Налшык къалэм и «Спартак» стадионым щекIуэкIащ футбол цIыкIумкIэ турнир. Ар хыхьэрт  къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ ведомствэхэм я спартакиадэм. Абы хэтащ Урысей МЧС-м и КъуэкIыпIэ Жыжьэ, Приволжскэ, Ищхъэрэ КъухьэпIэ, Кавказ Ищхъэрэ, Сыбыр, Урал, Центральнэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм я командэхэр.

МахуитIкIэ екIуэкIа зэпеуэхэм, илъэс кIуами хуэдэу, я саугъэт нэхъыщхьэр лъысащ Ищхъэрэ КъухьэпIэ щIыналъэм и гупым. ЕтIуанэ увыпIэр иубыдащ (2022 гъэми) Сыбыр щIыналъэм и командэм, Приволжьем къикIахэр ещанэщ. Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм и гупыр етхуанэщ.

Зэхьэзэхуэм кърикIуахэмкIэ къыхахащ нэхъыфIу джэгуахэр: гъуащхьэтет Дольников Евгений (СЗФО), гъуащхьэхъумэ Загородный Александр (ЦФО), гъуащхьауэ Пугин Евгений (ПФО), топ нэхъыбэ (6) дэзыгъэкIар Рамиль Хайруллинщ (СФО), топджэгу нэхъыфIщ Акуленкэ Александр (СЗФО), тренер нэхъыфIыр Портман Анатолийщ (СЗФО), судья нэхъыфIщ Щомахуэ Данатэ (Налшык), футболист нэхъыжь дыдэр Берестнев Александрщ (ПФО).

 ТекIуа командэхэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ иратащ кубокхэр, дипломхэр, медалхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ.

 Футбол цIыкIумкIэ турнирым кърикIуахэр щызэхилъхьэжым, МафIэс-къегъэлакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм спортымкIэ я федерацэм КъБР-м щыIэ и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Хьэтыхъу Беслъэн спортсменхэр зэрылъэщыр къыхигъэщащ, текIуахэм ехъуэхъуащ, апхуэдэуи фIыщIэшхуэ яхуищIащ зэпеуэм хэтахэр екIуу зэрыджэгуам, гуапагъэ яку дэлъу зэрызэпеуам папщIэ.

Турнирым и къызэгъэпэщакIуэхэм защIигъэкъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IуэхущIапIэм я лэжьакIуэхэм я  IэщIагъэм хуегъэджэнымрэ я къалэнхэм хуэгъэхьэзырынымкIэ и центрым.

СЭБАН Арсен.
Поделиться:

Читать также: