Спорт

Дзюдо

Дунейпсо зэхьэзэхуэм медал пщыкIуплI къыщахь

Оренбург и спорт комплексым щекIуэкIащ «Евразием и кубок» зыфIаща, дзюдомкIэ III Дунейпсо зэхьэзэхуэр. Абы хэтащ Урысейм и щIыналъэхэм, апхуэдэуи, Узбекистаным, Къэзахъстаным, Таджикистаным, Къыргъызым щыщ ныбжьыщIэ 800-м нэблагъэ.

КъБР-м и «Налшык» спорт клубым и гъэсэнхэм а зэхьэзэхуэм дыщэ медалу 5, дыжьыну 4, домбеякъыу 5 къыщахьащ.

Дыщэр къахьащ Хъуран Каринэ (кг 48-рэ), Щад Дилианэ (кг 63-рэ), Азэмэт Къантемыр (кг 28-рэ), Хъуран Iэсхьэд (кг 38-рэ), Хъуран Къантемыр (кг 50).

ЕтIуанэ увыпIэр зыIэрагъэхьащ ХьэщIэдэгу Сальдар (кг 28-рэ), Биттиров Алихъан (кг 38-рэ), Теммоев Алан (кг 42-рэ), Дэхъу Хьэмид (кг 46-рэ).

Ещанэ хъуахэщ Джэрыджэ Беслъэн (кг 31-рэ), Натадзе Георгий (кг 34-рэ), Лъэпщ Дамир (кг 38-рэ), Бышэн Аслъэнбэч (кг 46-рэ), Мусуков Алим (кг 73-рэ) сымэ.

Зэхьэзэхуэм спортсменхэр хуагъэхьэзыращ Дзухэ Залымрэ Беслъэнрэ.

 

ЩIыналъэхэм  я зэхьэзэхуэ

Налшык дэт «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ УФ-м и щIыналъэхэм дзюдомкIэ я зэхьэзэхуэ. А зэпеуэр Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм ипэ къихуэу къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы хэтащ 2010 - 2011 гъэм къалъхуа, КъБР-м, Адыгейм, Ставрополь крайм, Осетие Ищхъэрэ  - Аланием, Ингушым щыщ спортсмени 136-рэ.

Зэхьэзэхуэм щытекIуащ Хъурсинэ Марат, Уэтэр СулътIан, ДыщэкI Темыркъан, Мэкъуауэ Дамир, Мэремыкъуэ Тимур, Щоджэн Къантемыр, Ерчэн Тимур, Ульясов Александр, Дыкъуэ Къаирбэч сымэ.

ЕтIуанэ увыпIэр яубыдащ Хачанов Артур, Апеков Алихан, Къардэн СулътIан, Ольмезов Магомед, Эндреев Ибрэхьим, Шыгъэлыгъуэ Ахьмэд, Уэщро Маирбэч, Тембот Алий, Къанщауэ Дамир, Балъкъэр ДжэбрэIил сымэ.

Ещанэ хъуахэщ Жэмыхъуэ Хьэмзэт, Мыз Темболэт, Мэгъущокъуэ Тимур, Шаутаев Алихъан, Хъущт Андемыркъан, Аскэр Тамерлан, Алиев Исрэфил, Анахаев Кязим, Евлоев Рэмэзан, Рыбаков Борис, Къунаш Астемыр, Къэбардэ Данил, Хъымбэзэр Астемыр, Калошин Дмитрий, Нартыжь Уэсмэн, Бичиев Исмэхьил, Матешов Роман сымэ.

ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ я гъэсэнщ тренер-гъэсакIуэхэу: Дзухэ Беслъэнрэ Залымджэрийрэ, Мэрзей Казбек, Чым Руслан, Марыщ Эдуард, Тау Азэмэт, Шаваев Хьэнэфи, Иуан Дмитрий, Апхудэ Андзор, Рахманов Валерэ, Соблыр Рустам, Хъумар Марат, Куп Эдуард, Хъуп Жантемыр, Хъупсырджэн Резиуан, ГъуэплъащIэ Астемыр сымэ.

Iэпщэрызауэ

Ди щIалэхэр пашэщ

Башкирием и къалащхьэ Уфа къалэм IэпщэрызауэмкIэ V Евразие джэгукIэ зэIуха щекIуэкIащ. А зэхьэзэхуэм хэтащ Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу 50-м, апхуэдэуи, дунейм и къэрал 23-м къикIа спортсмен мини 3,5-м нэблагъэ.

А зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмениплI хэтащ икIи универсальнэ зауэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ нэхъыфIищым ящыщ хъуахэщ.

Япэ увыпIэр яубыдахэщ:

Бейтыгъуэн Алан (кг 33-рэ), Ульбашев Таулан (кг 40-рэ), щэ зэуащ.

Ульбашев Артур (кг 50. 2011 гъэ), щэ зэуащ.

ЕтIуанэ увыпIэр иубыдащ ХьэцIыкIу Айдемыр (кг 33-рэ).

НыбжьыщIэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ тренерхэу: Бетыгъуэн Руслан, Нэгъуей Анзор, Джаппуев Алий, Гериев Хъусен сымэ.

Киокусинкай

Мейкъуапэ увыпIэ нэхъыщхьэхэр щаубыд

Кавказ Ипщэ федеральнэ щIыналъэм киокусинкаймкIэ зэхьэзэхуэ Мейкъуапэ щекIуэкIащ. Абы хэтащ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ зыхэта, Шэшэным, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Кърымым щыщ спортсмен ныбжьыщIэ 300-м нэблагъэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам ехъулIэныгъэ къагъэлъэгъуащ. Бжьыпэр иубыдащ килограмм 60 зи хьэлъагъхэм я деж утыку къыщихьа Ехъутэныдж Ильдар. Дыжьыныр къахьащ Быж Алан (кг 35-рэ), Дэгужьий Астемыр (кг 45-рэ), Жыджэт Артур (кг 55-рэ), Тарканов Анатолэ (кг 55-рэ) сымэ. Жолаев Дамир, Уэдыжь Дамир (кг 40), Скибэ Фрол (кг 45-рэ) сымэ  домбеякъ медалхэр зыIэрагъэхьащ.

 

 

 

 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: