ЛIыгъэм и дерс

Урысей гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэ, полицэм и майор КIэфо Залым Налшык къалэ дэт школ №33-м щригъэкIуэкIащ лIыгъэм и дерс. Ар теухуат Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэхэм я лэжьыгъэм. 
КъулыкъущIэр школакIуэхэм яхутепсэлъыхьащ я IуэхущIапIэм и къудамэхэм я лэжьыгъэм, я мурадхэмрэ къалэнхэмрэ, апхуэдэуи школакIуэхэм я упщIэ куэдым жэуап иритащ.
- НобэкIэ Урысей гвардиер зыхуеину псомкIи къызэгъэпэщащ цIыхухэмрэ абыхэм я мылъкумрэ хабзэншагъэкIэ зезыпщытхэм пэщIэтын, жылагъуэ хабзэр хъумэн папщIэ, - къыхигъэщащ КIэфо Залым.
ЕджакIуэ ныбжьыщIэхэм хьэщIэм фIыщIэ хуащIащ дерс гъэщIэгъуэным папщIэ. 
 

 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: