«Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ»

Си лэжьыгъэр щIысфIэфI щхьэусыгъуэхэм ящыщщ ма­хуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу цIыхущIэ къызэрыпцIыхур, абыхэм уепсэлъылIэну, я Iуэху­щIафэ зэбгъэщIэну Iэмал узэриIэр, гъэщIэгъуэн куэ­­дым абыхэм щыгъуазэ узэ­рыхуащIыр, гъащIэм нэгъуэщI лъэныкъуэ гуэркIэ узэрырагъэплъыр. Апхуэдэу куэд щIакъым Тэрч къалэм щыпсэу Срыкъуэ (Шыгъушх) Зое лэжьапIэм къэпсалъэу дызэрызэрыщIэрэ. 

Къэпсэлъэн хуей щIэ­хъуар жэуап зыхь секретару сы­щы­лажьэ «Iуащхьэмахуэ» жур­налым и къыдэкIыгъуэр пощ­тым къызэрыIэримыгъэ­хьар и жагъуащэ зэрыхъуарт. Махуэ зыбжанэкIэ дызэпсэ­лъащ хэкIыпIэ къэтлъыхъуэу, щымыхъужым, абыкIэ кIуэж си лэжьэгъу бзылъхугъэ цIыкIум селъэIури (фIыгъуэр къы­хуищIэ!), и унэ хуIуезгъэшащ. Дызэрызэпсэлъам и фIыгъэ­кIэ Зое и гъащIэм щыщ куэд къэсщIащ, япэ дыдэу сфIэгъэ­щIэгъуэнахэм ящыщщ адыгэб­зэкIэ къыдэкI «Адыгэ псалъэ» газетымрэ «Iуащхьэмахуэ» журналымрэ балигъ зэрыхъурэ къызэрыIэрыхьэр. «СхузэфIэкIынукъым ахэр си унагъуэ ­къимыхьэу, щIэзмыджыкIыу. Къытехуэ дэтхэнэ зы псалъэри си дежкIэ лъапIэщ, си анэм и быдзышэм щIыгъуу Тхьэм къызжьэдилъхьа бзэмкIэ тхащи, сэ схуэдэхэр иригушхуэн папщIэ цIыху куэд гугъу дехьу къыдагъэкIри. Иджыпсту си узыншагъэм къихьынукъым армыхъуамэ, сынэкIуэнти редакцитIми щы­лажьэ дэтхэнэри фызэзгъэцIыхунт, пщIэшхуэ зэрыф­хуэсщIым и щыхьэту», - жеIэ Зое. 
Плановскэ къуажэм щызэхэта «Вторая пятилетка» колхозым щылэжьащ зы унагъуэм щыщу трактористих. А IэщIагъэм япэу дихьэхар адэ-анэрщ, Шыгъушххэ Умаррэ Сэки­натрэ (Шэджэмыкъуэхэ япхъущ). ЩIым елэжьыныр, гуэдз къэгъэкIыныр зи Iуэху нэхъыщхьэ Умар и тракторыр фочкIэ ихъу­эжын хуей хъуащ 1942 гъэм - фашистыдзэм пэщIэтыну ар фронтым Iухьащ. Хэку зауэшхуэр иухыу къигъэзэжа иужь, зигъэпсэхуну зэман иIакъым: къэрал щIэтIысыкIар шхынкIэ къызэгъэпэщыжын хуейт, цIыху мэжэщIалIэхэм зызэ­щIаIулIэжыныр Iэмалыншэт. Уасэншэт мэкъумэш маши­нэхэм фIыуэ хэзыщIыкI механизаторхэр. Аращ Умар занщIэу губгъуэм щIихьэжар. Абы щыхуэзащ щхьэгъусэ хуэхъуа, республикэ псом къыщацIыху трактористкэ Шэджэмыкъуэ Сэкинат. 1948 гъэм а тIур зэрышащ. Сабийхэр дунейм къытехьа иужь, фызым и къалэнхэр куэд хъуат, ауэ 1957 гъэ хъуху тесащ тракторым. ИужькIэ гъавэ хъумапIэм кIуэжри, пенсэм тIысыжыху абы щыIащ. Умар 1960 гъэ хъуху и IэщIагъэр къигъэнакъым. АрщхьэкIэ зауэм къыхиха узхэм зыкърагъащIэ хъуа иужь, вэн-сэныр къигъанэри, Iэхъуэу лэ- жьащ. 
Еянэ классыр къиухри жэмышу фермэм щыщIи­дзащ Умаррэ Сэкинатрэ япхъу нэхъыжь Зое. Школри хыфIимы­дзэу пщыхьэщхьэкIэрэ еджэрт ар. Сыт хуэдизу фIыуэ лажьэми, и псэр хэлътэкъым жэмыш IэщIагъэм. Ап­хуэ­дэурэ илъэсих дэкIа иужь трактористкэ хъуну мурад ищIащ.
 И адэ-анэм ямыщIэу ар кIуащ трактор бригадэм. Абы тес­хэри дзыхьмыщI-дзыхьмыщIу къыIущIащ бзылъхугъэ ­цIы­кIухэм (Зое и закъуэтэкъым апхуэдэ гукъэкI зыщIар). Бригадирым унафэ къахуищIащ ДТ-75-м и пкъыгъуэхэр зрагъэ­щIэну икIи зы мазэ пIалъэ къаритащ зэпкърыхауэ щылъ тракторыр зэпкъралъхьэжыну. Унэм къэкIуэжу и ­хъуэпсапIэм хуича япэ лъэбакъуэр щахуиIуэтам, и адэр гъат. Нобэр къыздэсым Зое ищIэркъым ар къызыхэкIар: и пхъур фIэгуэныхь хъуат, хьэмэрэ езымрэ и анэмрэ я лъагъуэм зэрырикIуам къригъэкIуа гуфIэгъуэ нэпст. 
Мазэ дэкIри, Зое тракторыщIэ къратащ. Илъэс 25-кIэ тесащ ар а «гъущIышым», къигъэнэн хуей щыхъуами, хуабжьу къехьэлъэкIащ. ИужькIэ нэгъуэщI IэнатIи пэрытащ бзылъхугъэр, ауэ тракторым хуиIэ лъагъуныгъэр зыми хуэгъэужьыхакъым. «Бетэмал, си узыншагъэм къихьу, трактор сытесу губгъуэм ситащэрэт, - къызжеIэ Зое. – Сытым хуэдэу се­хъуапсэу уи гугъэ сэ губ­гъуэм итхэм!»
1988 гъэм ар унагъуэ ихьащ. И щхьэгъусэ Срыкъуэ Бо­рисрэ (ари тракторист) езымрэ «Терский» колхозым, СУ-6-м, лесхозым щызэдэлэжьащ. Зое и дэлъхуищри трактористт. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ дунейм ехыжащ звеньевойуэ куэдрэ лэжьа, КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и ЩIыхь тхылъыр зыхуа­гъэфэщауэ щыта, «РСФСР-м щIыхь зиIэ и механизатор» цIэ лъапIэр къызыфIаща Шыгъушх ­Николай. Сергей, Владимир, и шыпхъу ФатIимэ (сабий садым щылэжьащ) сымэ хуэпсэущ, къыкъуэтщи, зыр адрейм игъэгушхуэу къыздэгъуэгурыкIуэну ди гуапэщ. Шы­гъушххэ я щIалэхэм, я къуэхэр я гъусэу, щIы зэрахьэ. ЖыпIэнурамэ, гъавэм, къэкIыгъэм хуаIа пыщIэныгъэр тIасхъэ ­хъуакъым. 
Мы тхыгъэр и щапхъэщ адэ-анэм дэплъей, абыхэм я лъагъуэм ирикIуэ, зы унагъуэм хабзэ убзыхуахэр щытепщэ зэман зэрыщыIам, нобэми апхуэдэ хабзэхэм, нэхъ мащIэми, гу зэрылъыптэм. «Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ», жеIэ псалъэжьым. Джанэ зи быным «хуэзыдыфын» анэхэр куэду лъэпкъым Тхьэм къыдит!  

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться:

Читать также: