ЩIыналъэщIэхэр зэфIагъэувэжКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ видеоконференц IэмалкIэ екIуэкIа, УФ-м ЩIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и Президиумым и зэIущIэм. Къызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэмрэ Запорожье, Херсон областхэмрэ я инфраструктурэр зэфIэгъэувэжа зэрыхъуну щIыкIэм. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. Фигу къэдгъэкIыжынщи, мэлыжьыхьым и кIэм УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил ди къэралым щыщ хъужа щIыналъэщIэхэм 2023 - 2025 гъэхэм зэрызаужьыну жылагъуэ-экономикэ программэм Iэ щIидзащ. Абы ипкъ иткIэ, щIыналъэщIэхэр зэфIагъэувэжын папщIэ ирагъэкIуэкI ухуэныгъэ лэжьыгъэ псоми Урысейр хэпщIауэ щытынущ.
Поделиться:
Читать также:
20.05.2024 - 14:12 →
Лъэпкъым икушъэ орэд кIэдэIукIызэ
19.05.2024 - 13:50 →
ЩIыхь тхылъхэр яритащ
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
|