Тхыдэм и дерсхэр

 ЕпщыкIубгъуанэ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм, дызэрыщыгъуазэщи, адыгэ лъэпкъыр дызэрыгушхуэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ и хъуэпсапIэр къигъэлъагъуэу итхыгъауэ щытыгъащ: «…Iэмал имыIэу къэунэхунщ зэман, зи гур пхъашэ бгырысым и гъащIэр зыгъэнэхун щIэныгъэ щызригъэгъуэтын, еджэкIэ тхэкIэ щызригъэщIэн, абы лъагъуныгъэ щыхуищIын». 
ЕпщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм, Къэбэрдейм и мызакъуэу, зэрыадыгэ лъэпкъыу я псэукIамрэ я дилъэгъуамрэ ятеухуауэ а зэманым псэуа Урысей тхакIуэ, тхыдэтх, щIыналъэ, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зэгъэцIыхуным, джыным зи гъащIэр тезыгъэкIуэда Короленкэ Прокопий итхауэ щытащ:
«Адыгэхэм я уэркъхэм егъэлеяуэ фащэ дахэ ящыгът дыщэ, дыжьын хэкIхэмкIэ гъэщIэрэщIауэ, я Iэщэхэри а гъущIхэкI лъапIэхэм ягъэбжьыфIэрт. Зытес шы лъэпкъ бжьыфIэм къепсыхамэ, уанэ плъагъури апхуэдэу екIурэ-ещхьу гъэщIэрэщIат. Апхуэдэу хуэкъулей, икIи лIыхъужьыгъэ ин яIэу зэрыадыгэ лъэпкъыу я бий тыркухэмрэ кърым – тэтэрхэмрэ япэщIэт щхьэкIэ хуэмыщIа, фаджэу хуэпахэри мымащIэу яхэплъагъуэрт. Ар сэ къызгурымыIуэу къэнащ, хуэщIауэ псэухэр пагэIуэу къэслъытащ».
Адыгэм и тхыдэм теухуауэ куэдым куэд зэтемыхуэу ятхащ, ущIызэдэуэн щхьэусыгъуэри мымащIэу бгъуэтынущ, сыт щыгъуэ зэмани захуагъэри къуэншагъэри щыIащи. Ауэ шэч хэлъкъым1557 гъэм Къэбэрдейр фIэфIу Урысейм зэрыхыхьам мыхьэнэшхуэ зэриIам. Ноби ди нэгу щIэкI зауэ–банэхэр абы щыхьэт тохъуэ. Дэ нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ, нэхъ къулей, сыткIи нэхъ хуэщIа лъэпкъ гъунэгъуфIым и пIэкIэ благъэ жыжьэ къэзылъыхъуахэм къахуихьа лъыгъажэмрэ гуауэщхьэуагъэмрэ къазэрыхуэмыгъэувыIэжыр ди нэгу наIуэу щIокI.
Иджы Къэбэрдейм и зы тхыдэ напэкIуэцIу епщыкIуиянэ лIэщIыгъуэм дыкъытеувыIэну мурад щIэтщIам и щхьэусыгъуэр. А лъэхъэнэр къэхъу-къэщIэхэмкIэ егъэлея къулейщ, ауэ, Iэмал зэриIэкIэ, ди лъэпкъым дежкIэ нэхъ мыхьэнэ ин зиIауэ къэтлъытэхэм дакъытеувыIэнщ.
ИщхьэкIэ къызэрыщыхэдгъэщащи, 1557 гъэм Къэбэрдейр Урысейм гухьа иужь нэхъ мащIэ хъуащ Тыркумрэ абы и блыгущIэт Кърым хъанымрэ къращIылIэ зауэм къахуихь гугъуехьыр. Псом хуэмыдэу18-нэ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэ плIанэм Урысейм Ищхъэрэ зауэжьым текIуэныгъэ къыщихьри, Iэмал игъуэтащ хы тIуащIэм дэс Кавказ Ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ и щIыналъэр игъэбэгъуэну, Тыркумрэ Кърым хъанымрэ хигъащIэу нэхъри лъэщ зищIыну. А щIыкIэм тету Урысейм и пащтыхьыгъуэр хуэм–хуэмурэ Кавказым щигъэбыдэ хъуащ икIи ар къехъулIэнымкIэ Къэбэрдейм и мыхьэнэм хэхъуащ. Урысейм и пащтыхьхэмрэ дзэпщхэмрэ адыгэхэм я шыфэлIыфэр, хабзэр, зэхэтыкIэр, тхыдэр нэхъыфIу зэгъэщIэным мыхьэнэшхуэ ират хъуащ. Псом хуэмыдэу зрагъэцIыху зи пщIэр лъагэ пщыхэмр уэркъхэкIхэмрэ. Абыхэм ятеухуа хъыбархэр зэхуахьэс. Апхуэдэу япэу нэхъ гъунэгъуу къызыIущIэу зрагъэцIыхуа адыгэпщщ ХьэтIохъущыкъуей Мухьэмэт. Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ Урысейм щылажьэ гупми ар хагъэхьэ. 1732 гъэм щIэныгъэлI, щIыналъэхэр джыным хуэлажьэ Чичагов Степан Къэбэрдейм и картэр зэхегъэувэ, жылагъуэхэр къыщыгъэлъэгъуауэ.
Псалъэмакъ, зэдауэ куэд къекIуэкIащ Тыркумрэ абы и жыIэдаIуэ Кърым хъанымрэ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьар, икIи адрейм къызэрыщхьэщыжынур гурагъэIуэн папщIэ.
А зэманым Къэбэрдей шуудзэр хахуэу Урысейм дэзэуэну, зэрыхуэпэжыр игъэлъэгъуэну хунэсат. Абы къищынэмыщIауэ, пщIэрэ щIыхьрэ иIэу и дзэм къулыкъу щызыщIэ офицерхэри сэлэтхэри мащIэтэкъым. КIэщу жыпIэмэ, Урысейм зэрыхуэпэжыр хьэкъыу я фIэщ ищIат.
Къэбэрдейм теуэр хэтми зэрибийр, икIи IэщэкIэ зэрыпэщIувэнур хъыбару ирагъэщIами, 1731 гъэм Кърым хъаныр ди щIыналъэм къохьэ. Ауэ, ищхьэмкIэ къыхуащIа унафэм ипкъ иткIэ, Святой Крест быдапIэм и комендант Европкин Дмитрий и дзэр адыгэхэм къакъуэуващ. Кърым хъаныр зэгъусэу къапэщIэувэнухэм зэрапэмылъэщынур къыгуроIуэри егъэзэж, ауэ Къэбэрдей щIыналъэр ибгынэным хунэмысу, Тэрч щызыпиупщIыжкIэ и дзэм хэщIыныгъэшхуэ егъуэт. Зэхэуэм бжыгъэшхуэ хокIуадэ, нэхъыбэж гъэр мэхъу.
Урысейм Тыркум и пащтыхьым зыхуегъазэ икIи Кърым хъаным Къэбэрдейм къыщидыгъуамрэ лей щызэрихьамрэ щхьэкIэ игъэпшынэну къыхуреджэ. Ауэ езы Тырку дыдэр Къэбэрдейм щыдыгъуэну, и щIыр иубыдыну сытым и дежи и мураду къекIуэкIырти, Кърым хъаным зэран хуэхъущэну хуейтэкъым.
Апхуэдэу щыхъум, Урысейм Къэбэрдей Iуэхухэм нэхъри гулъытэ хэха хуищI мэхъу. 
1732 гъэм и накъыгъэм, Кърымыр щымысабырым, иджыри адыгэхэм къатеуэн мурад зэриIэм къыхэкIыу, Урысейм и пащтыхьым аргуэру Тыркум къыгуригъэIуэну яужь йохьэ куэд щIауэ зэкъуэт лъэпкъхэм къапэщIэувэкIэ ехъулIэныгъэ зыми зэримыIэнур. АрщхьэкIэ мыпхуэдэ жэуап къыIэрохьэ: «Фызытепсэлъыхьыр Къэбэрдеишхуэмрэ Къэбэрдей ЦIыкIумрэ арауэ щытмэ, тIури Кърым хъанэм ейщ». Кърым хъаныр зыгъэгушхуэу къыщIэкIынур езы адыгэпщхэм зэгурымыIуэ зэрахэтыр, уеблэмэ бийм и лъэныкъуэ зэрыщыIэр арагъэнут.
Тыркумрэ Кърымымрэ ерыщу Къэбэрдейм къыкIэлъыплъырт, ищIэнумрэ и мурадымрэ щыгъуазэ хъуну хуейт, Iэмал гуэр щыIэххэмэ, Урысейм къыкъуачыну щIэхъуэпсырт. Дауэ мыхъуами,1733 гъэм адыгэхэри урысхэри Тэрч деж щапэщIэтами Къаплъэн - Джэрий и дзэ мин 80 хъум хузэфIэкIащ Къэбэрдей жылагъуэхэр иунэщIауэ къызэринэкIыу, Дагъыстэнри зэпиупщIу, Кавказ Ипщэм ихьэн. Абы къищынэмыщIауэ, Кърым хъаным зэрыхуэпэжым и щыхьэту адыгэхэм къабгъэдэкIыу зэуэлIу щитI якъуэувэну зэрыпхъуакIуэхэм къагъэуват. Ауэ ар ямыгъэзэщIэну, зэкIэ зэгурыIуэныгъэкIэ зэфIагъэкIыну унафэ ищIащ урыс генерал Левашов икIи къигъэгугъащ дэIэпыкъуэгъу хъун дзэ иджыри Къэбэрдейм къигъэкIуэну.
1735 гъэм Къаплъэн – Джэрий зауэлI мин 50 и гъусэу хузэфIэкIащ аргуэру адыгэ жылагъуэхэр иунэщIу етIуанэу  Къэбэрдейм кIуэцIрыкIын. Апхуэдэу щыхъум, урыс генерал Леонтьевым и дзэр а илъэс дыдэм и бжьыхьэм езы Кърымым теуащ. Генерал Левашов унафэ къыхуащIащ Къэбэрдейм и гъунапкъэр и дзэм игъэбыдэну. Абы къегъэлъагъуэ Урысейм Къэбэрдейр имыутIыпщыну икIи лей къытримыгъэхьэну мурад быдэ зэрищIар.
Псори зыхуэкIуэр арати,1735 –1739 гъэхэм урыс – тырку зауэ гуащIэр екIуэкIащ. ИкъукIэ хахуэу мыбы адыгэхэр щызэуати, Урыс пащтыхьым къыбгъэдэкIыу куэдым ахъшэ саугъэт инхэр къратащ.
Урыс – тырку зауэр Белград щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэмкIэ 1739 гъэм фокIадэм и18-м иухащ. Абы ипкъ иткIэ, Къэбэрдейр щхьэхуитт, Урысеймрэ Тыркумрэ я зэхуаку дэтыну арат. Ауэ апхуэдэ хуитыныгъэр Тыркуми Кърым хъанми я дежкIэ лъэпощхьэпоуэ инт, зэувэлIэгъуейт. Белград зэгурыIуэныгъэм пхужыIэнутэкъым Къэбэрдейм мамырыгъэ быдэ къыхуихьауэ, абы къыхэкIыуи хэкIыпIэу къэнэжыр зыт – Iэмал зэриIэкIэ, Кавказ Ищхъэрэм и адрей лъэпкъхэми хуэдэу, нэхъ псынщIэIуэу Урысейм хыхьэжынырт.
КIэщIу жыпIэмэ, зи гугъу тщIы лъэхъэнэм, дыхуей–дыхуэмейми, лъэныкъуищыр зыхэт зэпэщIэтыныгъэм зыхэдгъэщхьэхукIыну Iэмал дызэримыIэмрэ ди адыгэпхщэм я зэгурымыIуэныгъэмрэ зыужьыпIэ къыдатыртэкъым. Ауэ Къэбэрдейм и нэхъыбапIэм фIыуэ къагурыIуэрт Урысейм и щIэгъэкъуэныншэу Тыркум щхьэхуитыныгъэрэ мамырыгъэрэ къызэрыдимытынур. Абы къыхэкIыу 1743 гъэм ди лIыкIуэхэр Бытырбыху Урыс пащтыхьым деж кIуащ зэкъуэувэжрэ зэгъусэу бийм пэщIэтыну нэхъ къызэращтэр ирагъэщIэну. Бийр къытеуэмэ, адыгэхэр щIэгъэкъуэныншэу къамыгъэнэну хьэщIэхэр быдэу къагъэгугъащ. Мыгувэу урысыдзэр ди щIыпIэм нэхъыбэ щыхъум къыщымынэу, быдапIэхэр мымащIэу щаухуэ. Абы къищынэмыщIауэ, зэгурыIуэныгъэм иужькIэ, Къэбэрдейр нэхъ гушхуащ, Кърым хъаным IэщэкIэ игъэшынэну зэрыхэтыр къримыдзэж хъуащ. Абы еувэлIэну хуэмей Тырку сулътIаным и жэрдэмкIэ, Кърым хъаным и дзэр къытеуащ 1745 гъэм. 
ХъумапIэм щIэлъ тхыгъэхэм къазэрыхэщымкIэ, мы зэпэщIэувэныгъэм адыгэу хэкIуэдар зыбжанэщ, къыттеуа бийм щэм хуэдизын фIэкIуэдащ. Кърым хъаным и гугъакъым апхуэдэ хэщIыныгъэ къезытыфын дзэ Iууэну икIи, илъ ищIэжын гугъэ иIэу, адыгэхэм лей кърахыу жиIэу, тыркухэр зауэм здыхишэну, здигъэIэпыкъуну яужь итащ. Псыжь адрыщI яубыду, къалэхэр здаухуэну, Къэбэрдейр Урысейм къыкIэрауду пщылIыпIэм ирагъэувэну къыхуриджауэ тхыгъэхэм къыхощыж. А мурадымкIэ, ипэхэми хуэдэу, зэакъылэгъуи хъуауэ щытыгъащ.
Урысейм и лъэр быдэу Къэбэрдейм зэрыщыувым Тыркумрэ Кърымымрэ псэхупIэ яритыртэкъым. ЗауэкIэ я мурадыр къащемыхъулIэм, я бынхэр нэхъыбэу адыгэхэм я деж щагъэсэну къратыну, лъыкIэ зыкъыпащIэну, благъэ зыкъыхуащIыну, пщыхэр я лъэныкъуэ ящIыну ди бийхэр яужь йохьэ. Ипэми апхуэдэ зэпыщIэныгъэхэр, мащIэми, щыIат. Ар зыхуэунэтIар къызыгурыIуа Урысейм мурад быдэ ещI, сыт хуэдэ Iэмал къимыгъэсэбэпами, Къэбэрдейр зыIэщIимыгъэкIыну.
1757 гъэм бжьыхьэм щыщIэдзауэ Тыркум зауэм зыхуегъэхьэзыр. Куэд мыщIэу адыгэпщ зыбжанэм я зэпэщIэтыныгъэр нэхъри зэщIоплъэ. Арат бийхэри зыхуейр. Зэкъуэмытхэм нэхъ тыншт уапэлъэщыну.
1768 –1774 гъэхэм екIуэкIа урыс – тырку зауэм щыгъуэ бийм и лъэныкъуэр къэзыщта адыгэ пащтыхьхэр япIэ ирагъэувэжащ. Урыс пащтыхьым къыгуроIуэ дзэ дигъэIэпыкъу къудейкIэ Къэбэрдейм хуиIэ зэпыщIэныгъэхэр ирикъуу гъэбыда зэрымыхъунури, экономикэ и лъэныкъуэкIэ хуиIэ зэхущытыкIэхэм зригъэужьын щIедзэ. Абы къищынэмыщIауэ, щIыналъэ щыпсэухэмкIэ нэхъри зэпэгъунэгъу мэхъу.
Урысейм Тыркур щыхигъэщIа зауэм адыгэ зауэлIхэм хахуагъэ къыщагъэлъэгъуащ, абы и фIыщIэкIи я щIыхьымрэ пщIэмрэ нэхъри хэхъуащ.
Псом ящхьэращи, Тыркум къимылъытэн хузэфIэкIыжакъым Къэбэрдеишхуэри Къэбэрдей ЦIыкIури Урысейм зэрыхэтыр.
 «Узэкъуэтмэ, улъэщщ», «Уи тепIэн еплъи, уи лъэ укъуэдий»,- жаIэ. Уи тхыдэм ущымыгъуазэмэ, абы дерс къыхыумыхмэ, гузэвэгъуэ ущиIам зыкъыпщIэзыгъэкъуам уепцIыжмэ, узыхуишэну насыпыншагъэр нобэ мымащIэу ди нэгу щIокI. Аращ тхыдэм дыхэзыгъэплъэжари, адыгэм мымащIэу игъэва гугъуехьхэм ящыщ зы Iыхьэ дигу къыщIэдгъэкIыжари.
ШАФИЙ Аслъэн
Поделиться:

Читать также: