ФIыщIэ мыухыж зыхуэфащэ егъэджакIуэт

Фэеплъ

Ди республикэм и егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэр зи хабзэхэмрэ Iуэху зехьэкIэ мардэхэмкIэ зэтеува, ехъулIэныгъэ куэд зыIэрызыгъэхьа унэтIыныгъэщ. Жэпуэгъуэ революцэм иужькIэ щIэныгъэ нэхум и лъагъуэм теува щIыналъэм егъэджэныгъэм гулъытэ ин игъуэт зэпыту екIуэкIащ. IэнатIэм хэпщIыкIыу зиужьащ зауэ нэужь лъэхъэнэм. ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 60 - 90 гъэхэм Совет Союзым щызэтеува школ егъэджэныгъэр дуней псом щапхъэу къыщахьу щытащ.

А лъэхъэнэм къэралым къихъуа щIэблэхэм гъэсэныгъэ екIурэ щIэныгъэ куурэ ябгъэдэлъхьэным зи гъащIэм и Iыхьэшхуэ тыхь хуэзыщIауэ щыта IэщIагъэлIхэм я цIэхэр ноби жылагъуэм щащыгъупщэркъым. Апхуэдэ егъэджакIуэ щыпкъэхэм ящыщащ ди тхыгъэр зытеухуа Хъаний (Хамэ) Риммэ Хьэутий и пхъур (1940 - 2017). ЕгъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэу, гъэсакIуэ, унэтIакIуэ Iэзэу щыта бзылъхугъэр илъэс 50-м щIигъукIэ щылэжьащ Тэрч районым хыхьэ Терекскэ (Болэтей) къуажэм дэт курыт школым, урысыбзэмрэ литературэмрэ ныбжьыщIэхэм яригъэджу. А гъэхэм ящыщу илъэс 20-м нэскIэ ар щытащ школым и унафэщIым егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэу.

Хъаний (Хамэ) Риммэ ящыщщ зи сабиигъуэр Хэку зауэшхуэмрэ абы къыкIэлъыкIуа зэман хьэлъэмрэ хиубыдахэм. Апхуэдэу хъуами, хъыджэбз цIыкIур къэхъуащ и гур псэуныгъэм хузэIухауэ, и псэр еджэным хуэпабгъэу, щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэу. АбыкIэ, дауи, фIыщIэ ябгъэдэлъщ быныр гуауэмрэ гугъуехьымрэ япэIэщIэ щIыным, абыхэм я гур хъума зэрыхъуным елIэлIа адэ-анэм. Къуажэм дэт курыт школыр 1958 гъэм фIы дыдэу къэзыуха пщащэм а илъэс дыдэм школым лэжьэн щыщIидзащ макъамэмкIэ егъэджакIуэу, еджапIэм къыщызэрагъэпэща художественнэ самодеятельностми и унафэщIу. А лъэхъэнэм школхэм яхурикъуртэкъым егъэджакIуэхэр, псом хуэмыдэу творческэ унэтIыныгъэхэмкIэ (уэрэд жыIэным, сурэт щIыным) сабийхэр езыгъэджэн IэщIагъэлIхэр. Абы къыхэкIыу классипщIыр къэзыуха ныбжьыщIэ нэхъ акъылыфIэхэр, жыджэрхэр, зэчиифIэхэр школхэм егъэджакIуэу къагъэнэжырт, зэрылажьэм хуэдэурэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ зрагъэгъуэтын хуэдэу. Апхуэдэ ныбжьыщIэ жыджэрхэм ящыща Римми школ партэм къыдэкIри, занщIэу егъэджакIуэ IэнатIэм пэрыувауэ щытащ. А щIыкIэмкIэ ар теуващ иужькIэ фIыщIэ куэд къызыпэкIуа, гъуэгу бгъуфIэуи къыхущIэкIа егъэджакIуэ лъагъуэм.

Зыпэрыхьа лэжьыгъэр фIэхьэлэмэтми, къыдэлажьэхэми, и гъэсэнхэми, абыхэм я адэ-анэхэми я пщIэрэ нэмысрэ къихьыфу IэнатIэр ирихьэкIми, Риммэ щIэхъуэпсырт и щIэныгъэм адэкIи зэрыхигъэхъуэным. Зы илъэскIэ лэжьауэ ар щIэтIысхьащ Налшык дэт педучилищэм. Ар диплом «плъыжькIэ» къиухри, жылэм дэт курыт еджапIэм пионервожатэу ягъэкIуащ. ЩIэныгъэм хуэнэхъуеиншэ бзылъхугъэр зэрылажьэм хуэдэури щIэтIысхьащ КъБКъУ-м и тхыдэ-филологие факультетым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм. Абы дэщIыгъуу къиухащ пионервожатэхэр щагъэхьэзыр мазищ курсри.

Риммэ хуабжьу фIэхьэлэмэту пэрытащ вожатэ IэнатIэм. НэхъыжьыIуэхэм ящIэж абы щыгъуэ пионер зэщIэхъееныгъэм и гуащIэгъуэу зэрыщытар, ныбжьыщIэхэм я зэгухьэныгъэм ди къэралым пщIэшхуэ щигъуэту зэрекIуэкIар. Вожатэхэм я къэралпсо зэпеуэ ин I96I-I962 гъэ еджэгъуэм къриубыдэу СССР-м къыщызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы нэхъыфIу къыщалъытахэр «Артек» дунейпсо пионер лагерым ягъэкIуат абы щыгъуэ. Апхуэдэхэм яхэхуащ дызытепсэлъыхь адыгэ бзылъхугъэ акъылыфIэ, жыджэр Хъаний Риммэ. Хы ФIыцIэм и Iуфэм щаухуа а лагерыр илъэс псом лажьэрт икIи сабий минищэхэр екIуалIэрт, хамэ къэралхэм къикIхэм я бжыгъэр минипщIым фIэкIырт. Куэд къищIауэ, езыри и Iуэху зехьэкIэ пэрытымкIэ адрейхэм ядэгуэшауэ щIыналъэм къигъэзэжат Риммэ.

«Артек» къикIыжу гъэ еджэгъуэщIэм щIадзэжа нэужь, ар пэщIэдзэ классхэм егъэджакIуэу ягъэкIуащ. Абдежми егъэджакIуэ нэхъыфIхэм ящыщу лэжьыгъэр ирихьэкIащ Хъанийм. Абы и гъэсэнхэм хуэдэу щIэныгъэ куурэ щэн дахэрэ зыхэлъ жылэм дэмысми ярейт, апхуэдизу ехъулIэныгъэфIхэр лъэныкъуэ куэдкIэ зыIэрагъэхьати. И классым пэщIэдзэ школыр къыщаухым ирихьэлIэу Римми университетым еджэныр щызэфIихащ ехъулIэныгъэкIэ. Абы щыхьэт техъуэу къыIэрыхьэжа дипломым итт ар урысыбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэ зэрыхъуар, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зэриIэр.

Пщэрылъ къыхуащI дэтхэнэ IэнатIэри къызыхуэтыншэу ирихьэкIыу зэресам хуэдэу, лэжьыгъэщIэми жыджэру пэрыуващ Риммэ. Аргуэру ар ящыщт егъэджакIуэ пэрытхэм, апхуэдэт иригъаджэхэри: щIэныгъэ куурэ гъэсэныгъэ дахэкIэ къапэхъу щыIэтэкъым. Егъэджэныгъэм зэрыхэта илъэсипщI бжыгъэхэм къриубыдэу Хъанийм щIэныгъэ нэс зыбгъэдилъхьар, гъэсэныгъэ екIуи зритар зы щIэблэкъым зэрыхъур. Еш имыщIэу, ныкъусаныгъэ къыхэмыкIыу, жэуаплыныгъэ лъагэ зыхищIэу дапщэщи пэрытащ IэнатIэм Хъанийр. Зэманыр кIуэми, гъащIэм зихъуэжми, зиужьми, зихъуэжакъым егъэджакIуэм и къалэнхэм хуиIа щытыкIэм, и IэщIагъэм хуищIа лъагъуныгъэми зы мэскъали хэщIакъым. IэнатIэм зэрыпэрыта лIэщIыгъуэ ныкъуэ лъэхъэнэм Риммэ зэи къыхуихуакъым апхуэдэ IэщIагъэ гугъу, жэуаплыныгъэ зыпылъ къызэрыхихам щыхущIегъуэжа. Абы къызэрилъытэу щытамкIэ, гъащIэ гъусэ пщIыну IэщIагъэр фIыуэ егупсысауэ къыхэхын хуейщ. Псом хуэдэжкъым, ар егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пыщIамэ. Сабийхэм лъагъуныгъэ яхууимыIэмэ, къыхэпха IэщIагъэм удимыхьэхмэ, егъэджакIуэу, щIэблэм я гъэсакIуэу улэжьэну гугъуу жиIэрт Хъанийм.

ЕгъэджакIуэ Iэзэм къыгурыIуэрт ныбжьыщIэхэр уи дерсым дебгъэхьэхын папщIэ, уэ ар фIыуэ пщIэуэ абыхэм я пащхьэ укъиувэныр зэрымащIэр. ЩIэныгъэ куум Риммэ щIигъурт махуэ къэс зызыужь егъэджэныгъэм къыхыхьэ IэмалыщIэхэр, иригъэфIакIуэрт школакIуэхэм зэрадэлажьэ щIыкIэхэри. Зэрылэжьа илъэс 50-м щIигъум егъэджакIуэм и насып къихьащ ныбжьыщIэ гъэса, зэчиифIэ, акъылыфIэ куэдым езым бгъэдэлъ щIэныгъэмкIэ яхуэупсэну. Езы сабий псэ къабзэхэми я унэтIакIуэм къахуигъэтIылъ фIыгъуэ псори зыщIашэрт, псы хуэлIа къэкIыгъэм псыIагъэр зэрыфIэфIым хуэдэу.

И нэIэм щIэтахэм курыт школыр къауха нэужьи пыщIэныгъэ хуаIащ гъащIэм гъуэгугъэлъагъуэ нэху щахуэхъуа, анэ етIуанэу къалъытэу щыта я егъэджакIуэм. «ФIы гуэр тхэлъмэ, ар зи фIыщIэр уэращ, ди егъэджакIуэ лъапIэ», - апхуэдэ сатырхэр зэрыт тхыгъэхэр къыIэрыхьэрт Хъанийм и гъэсэну щытахэм къабгъэдэкIыу. А псалъэхэр куэд и уасэщ егъэджакIуэм, гъэсакIуэм, унэтIакIуэм я дежкIэ. Уи лэжьыгъэр, уи зэфIэкIыр тыхь зыхуэпщIахэм къызэралъытам, зэрыхэмыкIуэдам я нэщэнэщ ахэр. Гумрэ псэмрэ къабгъэдэкI апхуэдэ псалъэ зыхужаIэж егъэджакIуэхэращ насыпыфIэу зыкъэзылъытэжри.

Апхуэдэт Хъаний Риммэ. «ГъащIэм щынэхъыщхьэр цIыху нэсу ущытынырщ. Абы куэд къызэщIеубыдэ, ауэ псоми я щхьэр нэмыс, цIыхугъэ лъагэ пхэлъынырщ. ЩIэблэм чэнджэщэгъуфI уахуэхъуныр, гъащIэм хуэбгъасэрэ гъуэгу пэж тебгъэувэным ухущIэкъуныр - ар егъэджакIуэм бгъэдэлъ къалэнышхуэщ, - жиIэрт абы. - ЩIэблэм щIэныгъэфI етыным къыдэкIуэу, егъэджакIуэхэм ди къалэнщ мыхьэнэшхуэ зиIэ нэгъуэщI лэжьыгъи — сабийхэр дгъэсэныр. НыбжьыщIэхэм я хьэлым фIы и лъэныкъуэкIэ зихъуэжынымкIэ дерсым и Iэмал псори къэгъэсэбэпыпхъэщ». Абы къилъытэрт егъэджакIуэм и лэжьыгъэм нэхъыщхьэ дыдэу хэлъыр сабиипсэр нэсу зыхэпщIэныр, абы и гурылъ-гуращэхэр къыбгурыIуэныр, и гупсысэхэр къэбгъэнаIуэу ахэр тэмэму бунэтIыныр арауэ зэрыщытыр. Пэжу, зи псэр къыпхузэIумыха школакIуэм щIэныгъэ гуэри бгъэдэплъхьэну тыншкъым, аращи, псом япэ сабийр псэкIэ уи гъунэгъу пщIын хуейщ. ИтIанэ ухуитщ абы щIэныгъэм и жылэ узыншэр щыхэпсэну.

Ди щIыналъэм и егъэджэныгъэ IэнатIэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIа Хъаний Риммэ зэфIиха лэжьыгъэ купщIафIэр къэралым гулъытэншэ ищIакъым. Абы къыхуагъэфэщащ «УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ IэнатIэм къабгъэдэкI фIыщIэ, щIыхь тхылъхэр, къратащ «Лэжьыгъэм и ветеран» медалыр. Риммэ ЦIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным и отличникт.

Апхуэдиз лэжьыгъэ екIу IэнатIэм щызэфIэзыха бзылъхугъэм унагъуэ дахи и щIыбагъ къыдэтащ. Жылэ узыншэм, дахэм къикIыкIа удз Iэрамэм хуэдэт а унагъуэри. ЕгъэджакIуэ лэжьыгъэмрэ унагъуэ Iуэхумрэ зэдэпхьыну мытыншми, зэгурыIуэ зэрылъ Хъанийхэ я унагъуэр, пщIэрэ нэмысрэ зяку дэлъ зэщхьэгъусэхэр пэлъэщащ бын пIынми гъэсэнми. Риммэрэ абы и щхьэгъусэ Хъаний Мышэрэ (я ахърэтыр нэху Тхьэм ищI) унагъуэ дахэ яухуат. Мышэ зоотехникыу илъэс куэдкIэ къуажэм щылэжьащ, пщIэрэ щIыхьрэ иIэу. А нэхъыжьыфIхэр я щапхъэу унагъуэм къихъуащ, щапIащ, щагъэсащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэрэ зэрыпсэун IэщIагъэрэ ирагъэгъуэтащ абыхэм я бынхэу Анджелэрэ Залымрэ. Ахэр тIури дохутыр IэщIагъэм хуеджащ, унагъуэ хъужащ, гъащIэм лъэ быдэкIэ хэуващ. Я бынитIым къащIэхъуэ щIэблэ дахэм я ехъулIэныгъэхэм я гур хагъахъуэу, я псэр яузэщIу дунейм тетащ зэщхьэгъусэхэр.

Жылагъуэм пщIэ щызиIэу къэгъуэгурыкIуа Хъаний Риммэ, бзылъхугъэ щыпкъэм, егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм, зи псэ хуабагъымкIэ сабийхэм ядэгуэша гъэсакIуэ нэсым, и фэеплъыр ноби сакъыу яхъумэ къыщIэна унагъуэм исхэм, абыхэм къащIэхъуа щIэблэхэм, и лэжьэгъуу, ныбжьэгъуу иIахэм, иригъэджахэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ. Риммэ хуэдэ егъэджакIуэфIхэм я лъэужьыр куэдрэ хэгъуэщэнукъым.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться: