Зэтехуэ псалъэхэр

Адыгэ лъэпкъхэм ящыщу беслъэнейхэр Псыжь адрыщIкIэ щежэх Инжыдж, Уарп, Лабэ псышхуэхэм я Iуфэхэм Iусыгъащ, нобэми аращ. КъухьэпIэмкIэ гъэза я щIы кIапэм кIахэ адыгэхэр зытеса я щIыгур гъунэгъубзэу къеуалIэу щытыгъами, я псэлъэкIэр къэбэрдейхэм къэдгъэсэбэпым нэхъ пэгъунэгъущ. 

ИтIани, гъэщIэгъуэныракъэ, мис а беслъэнейхэм (кIахэ адыгэхэм я гугъу тщIыххэнкъыми) иджыри къыздэсым яIэкъым бгыщхьэ аранэхэмрэ къыр сыджхэмрэ дызэреджэ «къурш» псалъэр, къагъэсэбэпыр «къущхьэ» жыIэгъуэращ.

    Си  цIыкIугъуэу срихьэлIащ

ДыгъафIэ махуэрэ гъэмахуэ бжьыфIэу, школми дыкъаутIыпщауэ, псыхъуэм зыщызыгъэпсэхуну гупыж зыщIа балигъхэм ныбжьыщIэ цIыкIухэр гъусэ дызыхуащIат. ДыздэкIуам нэгъуэщI зы гупми дащыIущIащ. НыбжькIэ зэхуэхъухэр дызэбгъэдашэри, дызэрагъэцIыхуащ. Адрей гупым зы щIалэ цIыкIу яхэтт, щIыпIэ жыжьэ къикIауэ. ЗэрыжаIамкIэ, Къэрэшей-Шэрджэсым ит Беслъэней къуажэм щыщт. Тыншу дызэрызэдэуэршэрым гу лъатати, балигъхэм лъэныкъуэ зрагъэзащ.

А махуэм цIыхугъэ схуэхъуа ныбжьыщIэм и адыгэбзэр телъыджэ сщыхъуат, алъандэрэ зэхэсхари сызэсари къэбэрдей жыIэкIэрати. Дыкъэзыухъуреихь Iэгъуэблагъэм и гугъу щыхуэсщIым, сеупщIащ: «мо къуршхэм хуэдэ фи щIыпIэхэмкIи щыфлъагъурэ?» - жысIэри. Сызытепсэлъыхьыр къызэрыгурымыIуам гу щылъыстэм, телъыджэ сщыхъуащ! Зи гугъу сщIыр къыхуэмыщIэу къыщеплъэкIым, аргуэру: «Модэ мо къуршхэм хуэдэ?» упщIэм къытезгъэзащ, си IитIым языр а лъэныкъуэмкIэ сшийри. Асыхьэтуи, хьэщIэм и жэуапыр згъэщIэгъуащ: «мо къущхьэхэм хуэди? Ае! ЩыIи…»  Абы щыгъуэщ япэу щызыхэсщIар «къущхьэ» псалъэм «къурш» мыхьэнэ иIэнкIэ зэрыхъунури...

                                         «Къущхьэ» - «Къурш»

«Къущхьэ», «къурш» жыIэкIэхэр зэрызэпэгъунэгъум и щапхъэхэр къэтхьынщ.

«Къущхьэ»:

Къущхьэ - беслъэнеибзэм къыхэнащ, «бгы», «бгылъэ щIыпIэ» жыхуиIэщ;     

Къущхьэ жьанэ - къуэладжэм (кIейм)  и   бгъуитIым, и   лъагапIитIым гъунэгъубзэу зыщызэхуашэ щIыпIэ;

Къущхьэдэс - бгылъэ лъагапIэхэм щыпсэу цIыху, бгырыс;

Къущхьэхъу - гъэмахуэ лъэхъэнэм Iэщыр щаIыгъ, «къущхьэ хъупIэ» жыIэгъуэм къытепщIыкIащ;

Къущхьэжь - бгыщхьэхэм щызепщэ жьы;

Къущхьэхъу шей - лъагапIэхэм къыщыкI, гъэмахуи щIымахуи тхьэмпэ щхъуантIэхэр къызыпидзэ удз («рододендрон кавказский»);

КъущхьэхъуаIуей - инжыдждэсхэм (Къэрэшей-Шэрджэс) къагъэсэбэп псалъэщ, «къущхьэхъушей» жыхуиIэщ;

КъущхьэзэIухуэпхъ - къуэладжэ зыбжанэм я щхьэкIэхэр щызэхыхьэж лъагапIэ;

КъущхьэхъучыпцIэ - жыг лIэужьыгъуэщ (инжыдждэсхэм къагъэсэбэп псалъэщ);

Къущхьэхъуаур – къэкIыгъэщ.

«Къурш»:

Къурш - мывэрэ къырыжьу зэхэлъ бгы лъагэхэр;

Къуршырыс - бгырыс, «къущхьэдэс» псалъэм пэгъунэгъущ;

Къуршыбэ - къыр дзакIэжьрэ бгыщхьэ сыджу зэхэлъ щIыналъэ;

Къуршыщхьэ - бгыщхьэ;

Къурш сыдж - къуршыщхьэ, къурш щыгу.

Къуршкъаплъэн - джэду теплъэ иIэу къырыщхьэ уэсхэм щыпсэу псэущхьэ (снежный барс).

БЭРАУ  Бышэ.

Поделиться: