Гъунэ итлъа къудейщ

Хьэтыдж цIэрыIуэ, зи лIыгъэм зи щIэныгъэр къыкIэрымыхуу къекIуэкIа, Абхъазым и япэ президенту щыта Ардзинбэ Владислав и еплъыкIэмкIэ, «кашкэхэмрэ абешлайхэмрэ адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ къызытепщIыкIыжа лъэпкъхэщ».

Япэ дыдэ кашкэхэр къызэщIэубыдауэ зыджар нэмыцэ щIэныгъэлI Фон Шулер Эйнарщ. 1965 гъэм абы къыдигъэкIащ «Кашкэхэр» («Die Kaškäer») зыфIища тхылъыр. Абы щызэхуэхьэсащ тепщэхэм я зэгурыIуэныгъэхэр, тхьэлъэIухэр, дауэдапщэхэр, тхьэгурымагъуэхэм жаIахэр. Абы лъандэрэ къэхутэныгъэщIэ куэд екIуэкIащ, нэхъыби къащIащ, итIани, Шулер и лэжьыгъэм и гугъу умыщIу, кашкэхэм уатепсэлъыхьыныр иримыкъуныгъэщ. Нэмыцэ щIэныгъэлIыр зэреплъымкIэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ щыIа къэралыгъуэшхуэхэм я тхыдэм хокIуадэ абыхэм нэхърэ нэхъ цIыкIу, тхылъымпIэм къытена тхыгъэ зимыIэ лъэпкъхэр. Апхуэдэхэм язщ кашкэхэри. Езыхэм тхылъ щIэин къащIэмына пэтми, Хьет къэралыгъуэшхуэм зы пащтыхь иIакъым мы лъэпкъым къызэрыхигъэзыхьым иримытхьэусыхэу. КъызэрытцIыхун Iэмалу диIэри хьетхэр зыпэщIэта бийхэм я цIэхэмрэ ахэр къащытекIуа-щрагъэкIуэтыжа щIыпIэцIэхэмрэщ. Езыхэр зыпэмылъэщ кашкэхэм ахэр еджэрт «кхъуахъуэрэ чэтэнгъэкIкIэ». Шулер зэрыжиIэмкIэ, зы хьет дэфтэр урихьэлIэнукъым кашкэхэм я хъуэн къыхэмыхуэу.

УрысыбзэкIэ «Хеттская империя» жыхуаIэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 2-нэ, 3-нэ лIэщIыгъуэхэм щыIа къэралыгъуэшхуэм къыщIэна псори ди адэжь тхыдэу къэтлъытэныр щыуагъэщ. Иджыпсту шэч къытрахьэжыркъым зэрымыщIэкIэ «хьет» зыфIаща, ипэжыпIэкIэ «несили» бзэкIэ псалъэу щыта Хьет къэралыгъуэм щыпсэуа цIыхубэм яIурылъа бзэр индоевропей къудамэм зэрыщыщым. Абы къикIыр ахэр дэ димыбзэгъуу аращ. Адыгэбзэжьыр зрагъэщхьыр «хьет/несили» бзэракъым, атIэ абыхэм бжыгъэкIэ зэщIащтэу зыхагъэшыпсыхьыжа «хьэтхэращ». Ауэ гъэщIэгъуэн дыдэр сыт жыпIэмэ, Хьет къэралыгъуэм щытепсэлъыхькIэ, языныкъуэ щIэныгъэлIхэм «абыхэм я нэхъыбэр хьетыбзэм техьа хьэтхэу щытащ» зэрыжаIэрщ. Ди нэгу къыщIэдвгъэгъэхьэт, зэгуэр, лIэщIыгъуэ зыбжанэ дэкIауэ, нобэрей адыгэ жылэхэм щыпсэуахэр сыт хуэдэ лъэпкъым щыщами, тхылъымпIэ дэфтэрхэмкIэ къащIэну хуежьауэ. Апхуэдэ гуэру къыщIэкIыжынкIи мэхъу хьет/хьэтхэм я Iуэхури.

ИщхьэкIэ къызэрыхэдгъэщауэ, кашкэхэмрэ абешлайхэмрэ я бзэмрэ хьэтыбзэмрэ зэрызэлъэпкъэгъур къахутакIэщ. Ауэ тлъагъур сыт? Кавказ зауэм и псалъалъэр къэдгъэсэбэпынщи, хьэт «мыныкъакъуэхэр» хьетхэм я лъабжьэм щIэту къэралыгъуэшхуэм щопсэу. Абыхэм я бзэгъу «Iэлхэр» ипщэкIэ мэIэпхъуэри, къэралым псэхугъуэ кърамыту, къатоуэ зэпыт. ЩIэныгъэлI куэдым хуагъэфащэ Хьет къэралыгъуэшхуэр хэкIуэдэжыныр кашкэхэр хэлIыфIыхьауэ. Зэхэуэхэм я зым «кашкэхэм шызакъуэгу 800 къагъэувауэ» къыхощ.

Британ щIэнгъуазэхэм я зым, Плубанс Родригэ зи цIэ гуэрым итхауэ, дыкъыщоджэ: «Кашкэхэр е каскианхэр хы ФIыцIэ Iуфэм, иджырей Тыркум щыщ Анадолэ Ипщэм, Кызыл Ирмак псыежэхым и Iэгъуэблагъэм щыпсэуа лъэпкъщ, я гъунапкъэхэр Хьет къэралыгъуэм ирикIуэрэ абы ебгъэрыкIуэ зэпыту щытауэ. Яубыд щIыпIэхэр бгылъэ защIэт, езыхэр зы унафэм щIэттэкъым. Япэ дыдэ абыхэм я цIэр къыщраIуэр Хьэнтили Езанэм и лъэхъэнэрщ (ди эрэм ипэкIэ 1590 - 1560 гъэхэм), кашкэхэм Нерик къалэ лъапIэр зэраубыдам теухуа хъыбарым къыхэщу. Къалэр Хьет империем щызыIэригъэхьэжыфар лIэщIыгъуитI дэкIа иужьщ. Езым лIыгъэу зэрихьэр зытхыж цIыху къыздезышэкIыу щыта Хьэтушили Езанэм а Iуэхум теухуауэ етх: «Нерик къалэр къаIэщIэзгъэкIыжащ».

 Кашкэхэр щIэх-щIэхыурэ Хьет империем ищIхэм ихьэрт, ауэ яубыдыпауэ зэи щытакъым, Нерик къалэм и Iэгъуэблагъэм фIэкIа. Ар кашкэхэмрэ хьетхэмрэ я зэхуакум гъунапкъэ хуэдэу дэтт. Тутхалие и лъэхъэнэм, ди эрэм ипэкIэ 1380 гъэм, кашкэхэр нэгъуэщI лъэпкъхэми я гъусэу, Хьет империем и щыхьэр ХьэтIушэм теуэри, щыщ къыхэмынэжу ягъэсауэ щытащ.

Езы хьетхэр щIэчэ ямыIэу, Кашкэ къэралым хъунщIэтеуэкIэ ебгъэрыкIуэрейт, ауэ зэи я лъабжьэм щIагъэувэфакъым. Хьет къэралыгъуэм и пащтыхь нэхъ лъэрызехьэхэм яз Мурсили ЕтIуанэм и зэманым и нэхъыбэ Iыхьэр (ди эрэм ипэкIэ 1321 - 1295 гъэхэр) кашкэхэм езэуэным текIуэдащ. Мурсили къыщIэна тхыгъэхэм къыхощыж ар зэзэуа кашкэхэм я тепщэ Питхуние абы ипэкIэ а лъэпкъым дамылъэгъуа пащтыхь Iуэху зехьэкIэ къызэригъэлъэгъуар.

«Гъэру бубыда си цIыхухэр къызэтыж», - жысIэри тхыгъэ хуезгъэхьати, «Уи цIыхури уэстыжынукъым. Укъыстеуэми, сыныщозэуэнур уищIращ, сищIракъым», - жиIэри, жэуап къызитыжащ», - етхыж Мурсили. КъыкIэлъыкIуэ тхыгъэм Питхуние гъэру яубыдауэ къыхощ.

ЗакъуэтIакъуэххэрэ хьетхэмрэ кашкэхэмрэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIэрт. Псалъэм папщIэ, хьет пащтыхь Арнувандэ Езанэм и лъэхъэнэм апхуэдэ щыIащ.

Кашкэхэмрэ хьэтхэмрэ я Iуэху зыIутам тетхыхьа щIэныгъэлIхэм гупсысэ гъэщIэгъуэн ядыболъагъу. «Зы лъэпкъышхуэр адрейм ебгъэрыкIуэу, я щIыналъэр щаубыдым деж, нэхъ тыншу псэухэр «хьэщIэхэм» яхошыпсыхьри, абыхэм задезыгъэкIуну хуэмей хьэжрэт хуэдэхэр нэгъуэщIыпIэ мэIэпхъуэ», - жаIэ абыхэм. Кашкэхэр Хьет къэралыгъуэм къатеуэрейуэ зэрыщытам и щхьэусыгъуэу къалъытэри аращ: ди лъэпкъэгъухэр фубыда щхьэкIэ, дэ фыкъытпэлъэщынукъым жыхуаIэу, езыхэм ейуэ къалъытэж щIыналъэм къиужьгъахэм псэхупIэ ирамыту арагъэнт. Ауэ, дэ къызэрытфIэщIым хуэдэу, хьетхэмрэ хьэтхэмрэ зыкIи зэщхьэщыкIыу щымытамэ, сыт щхьэкIэ кашкэхэр Хьет къэралыгъуэм теуэнт, езыхэр хьэтхэм щалъэпкъэгъукIэ?! «Хьет жегъэIэ» - псалъафэм гуитIщхьитI уещI. Ауэ тхыдэм щызекIуэ а лъэпкъыцIэр къэхутакIуэхэм «несили» зэрыщыIар иджыри къамыщIэ щIыкIэ, къагъуэтахэм фIащри, зэхигъэзэрыхьыр нэхъыбэу щIэныгъэбзэм къыхэнауэ аркъудейщ.

 Хьетхэмрэ кашкэхэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэхэми зыгуэр къэпщIэну Iэмал къыуат. Шулер зэрыжиIэмкIэ, хьет пащтыхь псори щIэтхьэусыхэр зыт: зы пщым и жьауэм щIэмыт кашкэ лъэпкъым уагурыIуэну Iэмал щыIэкъым, сыту жыпIэмэ, зыр къэбгъэдаIуэу щытми, адрейр къыптеуэнкIи хъунущ. Дэтхэнэ зыри и щхьэ хуитыжщ.

 Нэхъ IупщIу кашкэхэр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ щIэныгъэлIхэм яхыубжэфынущ Румынием щыщ журт щIэныгъэлI Зингер Итамар. «Хэт хъуну кашкэхэр?» тхыгъэшхуэм псори гунэсу щызэпкърихащ абы.

«Илъэс 500-кIэ дунейм тета Хьет къэралыгъуэр бий куэдым япэщIэтащ, ауэ хы ФIыцIэ Iуфэм бгъэдэт къуршхэм щыпсэуа кашкэхэм хуэдэу ирамыгъэкIуэтыфа къахэкIакъым, - етх Зингер. - Дзэ зэгъэпэща зиIэ хьетхэм кашкэхэр къащылъэIэс гъунапкъэхэр зэралъэкIкIэ быдэу яIыгъыну хэта щхьэкIэ, мыдрейхэр мыувыIэу щIыналъэм илъадэурэ тхьэелъэIупIэхэмрэ къалэхэмрэ хузэхакъутэрт. Хуэбгъэфащэ хъунущ къарууншэ хъуа Хьет къэралыгъуэм и щыхьэр ХьэтIушэ иужьрей удыныр езыдзу зэтезыкъутэжар кашкэхэрауэ».

Зэрытлъагъущи, къэхутэныгъэхэр куэд пэтми, дэ дызыщыгъуазэр мащIэщ. Тхыдэр джын Iуэхуми гъунэ итлъа къудейщ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: