Усэхэр

 

Нало Заур

*   *   *

Ягуэшкъым тхыдэр дэлэн IупщIэу,

Ар лIами псэуми ди зэхуэдэщ.

Уи дэлэн Iыхьэм сыти ещIэ –

Iэ фIейкIэ уемыIусэ тхыдэм.

 

Зыгъэш, плъэкIыхукIэ, умыпагэм.

Зыгуэр и псалъэ ущышынэу,

Андемыркъаным и щхьэ лъагэр

Яужь уимыхьэ къепшэхыну.

 

Уэ улIмэ, пэж яжеIэ цIыхум,

Зы бзаджи зы фIи умыгъэпщкIуу,

Уядэжь и цей хьэзыр Iупэхур

НэгъуэщIым и пкъым иумыгъэкIуу.

 

Апхуэдэ цIыхур лIэркъым тыншу,

Дунейми екIуу щыпсэуфкъым,

Къилъхуфкъым щIэблэ лъэпкъ тхыдэншэм,

Тхыдэншэу лIари щIым щIэлъыфкъым.

 

ГЪУКIЭМ  И  IЭР

И уадэр сыджым трилъхьэжри,

И гупэр гъукIэм къигъэзащ:

Лэрыгъу уадэкIым ищIа и Iэр,

АдэIэм хуэдэу, сэ скъузащ.

 

ФIамыщIым фIыцIэу ириIами,

ПщIэнтIэпс хьэлэлкIэ ар тхьэщIащ:

Сэ си Iэр хужьми, а сэламым

КъищIау нэхъ къабзэ къысфIэщIащ.

 

Солъагъу сэ фIыуэ лэжьакIуэIэр!

Ар – пхуэмыфащэм – умыубыд:

Мыкъабзэу уи Iэр сэлам епхым,

А лIым и щIыхьыр уогъэпуд.

 

«ГъукIэIэр Iэпэ щабэщ», – жаIэр,

Абы лэжьэнкIи зимыгъэнщI,

Iэмал щимыIэм, а Iэ лъэщым

IэштIым шынагъуэу зеуплIэнщI.

 

*   *   *

Ей, сэ си гъащIэу лъагъуэ цIэнтхъуэрыгъуэ,

Апхуэдизу щхьэ сыкъэбгъэпцIа?

Сыщепшажьэм инкIэ сыбгъэгугъэу,

Щхьэ банапкъэм сыщыбулъэпцIа?

 

Ди уардэгъуэм къигъэзэн имыдэу

Ежьэжащи, пшагъуэм ныхохьэж.

Ди адыгэ лIыгъэр зэрыкIуэдыр

ЖэщкIэ узу сэ къыспкърохьэж.

 

Ей, си гъащIэу лъагъуэ цIэнтхъуэрыгъуэ,

Щхьэ гувауэ щIым сыкъытепша?

Сыт ИстамбылакIуэ зэман мыгъуэм

Сыхыумылъхуэу сыкъыщIыблэпшар?

 

НэгъуэщI мыхъуми, заныпыIуздзэнти,

Хым икIыжхэм яз къэзгъэувыIэнт,

Е бий псэжьу къакIуэм сыпежьэнти,

Си гум зы шэ цIыв щызгъэупщIыIунт!

 

УРЫХУ  IУБЫГЪУЭ

Къызэджэу си Тхьэр сыщишэжкIэ,

Си гъуэгур евмыгъэхьу гугъу,

Сыкъэвгъэгугъэ псалъэ пэжкIэ,

Пщэдей насып сыщывгъэгугъ.

 

Жыхьэнэмэжьым и лъэмыжым,

ГугъэфI уимыIэм, икIыгъуейщ.

Хуэвгъади ар щауэишыжым,

Дакъикъэ закъуи сывмыгъей.

 

Къысхуэвмылъыхъуэ фэ дохутыри,

Къызэвмыгъапщэ уд бзэмыIу.

Къэфлъагъу, хъуххэнум, си хьэтыри,

Си лъынтхуэм мастэ къыхэвмыIу.

 

Урыху Iубыгъуэ къысIурыфкIэ,

Хьэлу дзэкъэгъуэ къысIурыфлъхьи –

Мы си псэр хьэршым къисшыжынщ,

Си нэ гъуабжитIри къэплъэжынщ.

 

* * *

Соплъыж си гъащIэм сэ нэбгъузкIэ –

Си лъагъуэ слъагъум сыкъегъэтхъу.

КъыщIитхъыр си гум сэ цIыхубзкъым,

Къулыкъуи си гум къыщIимытхъ.

 

Сигъэгузавэу си гум къеуэр

ПсалъэфIу сэ ескъухыжарщ,

Симыгъэжейуэ къызэдауэр

Хьэтыру сэ сымылъэгъуарщ.

 

Си напэр мэс, сыпщоукIытэ,

Си лъэпкъыу сэ къысщыгугъам.

Сэ жыхьэнэмэм сыщопкIатэ,

Си адэжьым и гур къызэбгъам.

 

Си лъэпкъ ужьыхыр и псэхэхым

КъыIэщIэсхыну схулъэгъэкI.

Ар слъэмыкIынум сырехуэхи

Сырехъу мафIэжьым и лъэмыж!

 

Мы дуней дахэу гъащIэ мыгъуэм

Бэлыхь тIуащIэр щызошэч.

Абы и защIэу хьэзаб гугъур

Мо жыхьэнэмэм ныпэшэч!

 

СумыщI и къан мы дуней къуаншэм,

Къыстырепсыхэ и хьэзаб –

Уэ уи хьэзабыр сэркIэ тыншмэ,

Уи щIасэныгъэр бэну зэвщ.

 

Ущысхьыжынум къару бгуэшым,

Щхьэ гугъэ лъагэр къызэпта?

Сетхьэлэ сэ укIытэ хуэшым,

Абы, си Тхьэшхуэ, гу лъыпта?

 

Поделиться: