Я икIуэтыкIэри телъыджащэт

Илъэс бжыгъэ ипэкIэ Интернетым сыщрихьэлIат Урыс-Кавказ зауэм и лъэхъэнэ гугъум икIи псэзэпылъхьэпIэм убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ я лъахэм щIэх-щIэхыурэ къизэрыгуэу къекIуэкIа зэрыпхъуакIуэхэм хэкупсэхэр лIыгъэшхуэ зэрахьэу зэрапэщIэтар къызыхэщыж тхыгъэхэм.

АтIэми, зэман бзаджэу къахущIэкIам ди лъэпкъэгъухэр зыхиубыда Iуэхугъуэхэр зэкIэлъыгъэкIуауэ къыщетхэкIыжа сатырхэм я нэхъыбапIэр зейр ахэр зи нэгу щIэкIа цIыхухэрщ.

Дапхуэдэу мыхъуами, зи гугъу тщIы дэфтэрхэри къоув ди лъахэм къеща зэрыпхъуакIуэхэм адыгэхэр зы махуи зэрамыгъэтыншам, хэкупсэхэм, я хуитыныгъэмрэ я хэкумрэ яхъумэжын папщIэ, биидзэм лIыгъэшхуэ зэрахьэу зэрапэщIэтам и щыхьэт нэсу. Абы къыдэкIуэуи, дэ къызэрытлъытэмкIэ, гущIэгъуншагъэрэ зэпэщIэувэныгъэ гуащIэкIэ гъэнщIа лъэхъэнэ бзаджэр зи нэгу щIэкIа цIыхухэм къызэранэкIа тхыгъэхэр щIэджыкIакIуэхэм я пащхьэ изыхьэжыфхэми фIыщIэ лей яхуэфащэщ.

Зи гугъу тщIы дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, КъухьэпIэ Кавказым хы ФIыцIэмкIэ гъэза и щIыналъэхэми XIX-нэ лIэщIыгъуэм и япэ Iыхьэхэм зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIащ.

КъызэрекIуэкIам кIэщIу дытепсэлъыхьыжынщи, убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ я щIыр щызэпыхьэ Шахэ псышхуэр хым щыхэхуэжым деж, I839 гъэм и мэлыжьыхь-накъыгъэ мазэхэм я зэблэкIыгъуэм, псори зэхэту,  кхъухь 23-м зизыгъэзэгъа пащтыхьыдзэр псы щIыIукIэ къесылIащ.

Накъыгъэм и 3-р къыщихьа жэщ псом хы щхьэфэм уфафэ-уфэразэу тета кхъухьхэр нэхутхьэху-пшэкIэплъ къыщищI пщэдджыжьыпэм тенджыз Iуфэм нэхъ гъунэгъуу екIуалIэхэри, хъурзэхэр щрадзыхащ, арыххэуи дзэр ирагъэтIысыкIыу щIадзащ. Топхэр, кхъухьхэм я мызакъуэу, псы Iуфэм ирагъэсылIэ кхъуафэ псоми къызэдиукIырт.

Кхъухьхэр топкIэ щызэдиукIым, шэкъэуэжхэм зэхафыщIэрт бгырысхэр зыкъуэс щIытI-къуэтIыхьхэри, Iэгъуэблагъэм къыпэгъунэгъу мэзхэри зэщIагъэгъуагъуэрт, илъэсищэ зи ныбжь жыгхэри, удз ираупщIыкIым хуэдэу, зэтрагъэгъуалъхьэрт. Хы ныджэр топышэхэмкIэ увыIэгъуэ ямыIэу къаудыныхьа иужькIэщ зэрыпхъуакIуэхэр щIым техьэным щытегушхуар. Зылъэгъуахэм зэрыжаIэжымкIэ, пащтыхьыдзэм хэтахэм хым къытекIыу тафэм техьэным сыхьэтитIым къыщыщIэдзауэ сыхьэтиплIым нэблагъэ трагъэкIуэдащ. 

Хыдзэр щитIысыкIар Шахэ и ижьрабгъу лъэныкъуэрщ, нэхъ тэмэму жытIэмэ, Шахэрэ Къуэдэшрэ (Шупашэрэ) я зэхуаку дэлъ  тенджыз Iуфэрщ. Къуэдэш-псы цIыкIущ, Шахэпэ зы километр хуэдизкIэ ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ пэжыжьэми аращ. А тIум я зэхаку дэлъ щIыгур бгырысхэм I839 гъэм и мэлыжьыхьым ирихьэлIэу (Раевскэм нэхъ пасэу хъыбар зэрырагъэщIамкIэ) щIытI-къуэтIыхьхэмкIэ кърагъэбыдэкIат…

Телъыджэр аращи, зи гугъу тщIа теплъэгъуэхэм ящыщ зы а лъэхъэнэм псэуа, Шахэпэ теуэр зи нэгу щIэкIа, сурэтыщI гъуэзэджэ Айвазовский Иван и IэдакэщIэкIхэм язым къыщигъэлъэгъуэжауэ щытащ.  

Шахэпэ и къыщхьэщыжакIуэхэм я нэхъыбэр къыздикIар гъунэгъу къуажэхэрат. Ауэ, а махуэхэм шэрджэсхэм яхэта, политикэ Iуэхухэми хуэIэзэ, инджылыз коммерсант Белл Джеймс зэритхыжымкIэ, ПсыфIыпс (Псезуапсе) къуэбэкъум дэса шапсыгъхэри мы щIыпIэм гупышхуэ хъууэ къизэрыхьат. ИужькIэ ахэр мы щIыпIэм махуэ бжыгъэкIэ щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм, «зы къэмынэу» зэрыжаIэу, хэти уIэгъэ щыхъуащ, хэти щаукIащ. Белл щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, а махуэхэм Шахэ тIуащIэ «зыгъэзджызджа» зэпэщIэувэныгъэ хьэлъэм ПсыфIыпс дэса шапсыгъхэм ящыщу лIыгъэкIэ, къызыхэкIа лIакъуэкIэ цIэрыIуэ дыдэу щыта лIакъуэлIэш пашэу 50-м нэблагъэ хэкIуэдащ.

ТIуащIэм бийр къыдэзымыгъэхьэну хущIэкъуахэм а махуэхэм икъусыкъужкIэ лIыгъэшхуэ зэрахьащ, хахуагъэ ини къагъэлъэгъуащ. АрщхьэкIэ, зэпэщIэува лъэныкъуитIым къарууэ ябгъэдэлъамкIэ хуабжьу зэщхьэщыкIт. Раевскэм зэритхыжамкIэ, «Хыдзэм зыкъызэрызэкъуиха Iэщэ шынагъуэу зэдигъэуа топхэм лъэрыщIыкIыр къащыхуигъакIуэм, адыгэхэмрэ убыххэмрэ хыныджэм щаухуа я къуэтIыхьхэр ябгынэн хуей хъуат. Абы щыгъуэми, я икIуэтыкIэр телъыджащэт: щIэпхъуэж зи цIэ къахэмыкIыу, уIэгъэ хъуахэмрэ хаукIыкIахэмрэ щехуэхам, зэрахузэфIэкIкIэ, къыщамынэу, хуэм дыдэурэ зэщIэкIуэжащ…»

Мы щIыпIэм абы иужькIэ пащтыхьыдзэм хэтахэм быдапIэ щаухуащ. АрщхьэкIэ, хьэщхьэрыIуэ щIыкIэрэ зауэ-банэу ахэр щитIысыкIа накъыгъэм и 3-м къыкIэлъыкIуа адрей махуэхэми, зэрыщыту къэтщтэнщи, а илъэсыр иухыхункIи, абы иужь ита лъэхъэнэ кIыхьми мы Iэхэлъахэм зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIащ, I864 гъэм убыххэмрэ шапсыгъхэмрэ я Хэкур ирагъэбгынэху...

                                                                                    КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться: