Джэд щыкъун и пщIыхьщ

Тхыгъэ кIэщIхэр

Унэгуащэм джэдыр здигъашхэм, зы джэд купраузыфэ джэджьей и пэм къихутам йоуIу. Джэджьейри купраузщ и фэкIэ, унэгуащэм кърыригъэшахэм ящыщщ.
Фызым и щхьэр игъэIущыж хуэдэу жеIэ:
- Уа, джэд купрауз делэ, джэджьей узэуIуу Iэнлъэм Iупхуар уи джэдыкIэм къришауэ уи бынми пщIэркъым, уэщхьыркъабзэщ.
Ауэ жаIэкъым цIыхухэм: «Джэд щыкъун и пщIыхьщ» псэлъафэр. 
Сыт къыпыпхын «джэд акъылым». ЦIыхухэр нэгъуэщIщ, гупсысэ къаритащ Алыхьталэм.

Емыса лэгъупэжь хъурэ?
ЩIакхъуэ къэсщэхуну тыкуэным сокIуэ. Къуажэ уэрамым тет унэшхуэхэм саблокI, унэ нэхъ цIыкIуи солъагъу. Къуажэ щыхъукIэ унэ Iэджи плъагъунщ.
Зы куэбжэ гуэрым деж бжэIупэм Iут пхъэ ашыч хъыбийр зэрегъэзэхуэжри зылI хъущIэу щытщ. «Фи адэм ищIа фи гугъэрэ мы ашычыр?» - мэшхыдэ лIыр.
ЩIалэ цIыкIуищи я щхьэр фIэхуауэ, нэщхъейуэ къыдэкIуеижу саIуощIэ. «Сэшхуэ тщIыну ашыч джабэм еIулIа пхъэхэр къыдигъэщтакъым», - жыхуаIэу.
ЛIыкур мэшхыдэ, ауэ ар нэхъыбэу зытехъущIыхьын хуейр и къуэ лэгъупэжь хъуарт, сыту жыпIэмэ ар зыкIи хуэмыIэзэу нэгъуэщI щIыпIэ къикIа гуэрхэм яхуэлэжьэну арэзы хъуат.
ЛIым и къуэм и гугъэщ езым хуэдэу Iэзэ щымыIэу къэхуэупсауэ и щIыпIэм къэкIуа цIыхухэр. Ар егупсысыркъым мы пыIэзэфIэхь зэманым мэл гуартэр темыплъэкъукIыу зэрихъумэн хуейм, мэлыщхьэ бжыгъэкIэ къинэнкIэ шынагъуэ зэрыщыIэм.
И машинэ псынщIэмкIэ щIалэр езыр унэм къокIуэжри, абы нэху къыщокI, адэкIэ чэтым жэщым щекIуэкI Iуэхухэр ищIэркъым. ЩIалэщ, зэрысакъын хуейр къыгурыIуэркъым. «Ди мэл гуартэр ирикъужыркъым, Iисраф пщIащ», - жаIэу, лэгъупэжь щIалэм къыхурикъужмэ, мэлхэр зейхэм я «унафэм» щIэкIмэ, и унэри хилъхьэнкIэ хъунущ зыми щымыщу.
Арауэ пIэрэ адыгэм: «Емыса лэгъупэжь хъуркъым», -  щIыжиIар.

Къуныжь ХьэIишэт.
Поделиться: