Я къежьапIэр ящыгъупщэркъым

Япэ дыдэу шэрджэсхэр КъуэкIыпIэ Гъунэгъум къыщыщыщIидзар XVIII лIэщIыгъуэрщ. Шэрджэсхэм къахэкIа мысыр сулътIан Къалэун тэтэр-монголхэм я деж гъэру адыгэ мин 12 къыщищэхужри, ахэр хэту дзэ щхьэхуэ къызэригъэпэщауэ щытащ. Шэрджэсхэр – ар адыгэ лIакъуэ псори къызэщIэзыубыдэ фIэщыгъэщ.

         Нобэрей журт къэралыгъуэм адыгэ жылагъуэ зэрыщыIэр сэ къыщысщIар илъэс зыбжанэ и пэкIэщ. Абы щыгъуэм Налшык сыкIуауэ срихьэлIауэ щытащ 1763 -1864 гъэхэм екIуэкIа Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ пэкIу щIыпIэ стадионым щрагъэкIуэкIыу. Тхыдэм ар къыхэнащ нэхъ кIыхьлIыхь дыдэу икIи лъыгъажэшхуэ щекIуэкIа зауэу.

         Тхыдэджхэр «лъэпкъгъэкIуэдкIэ» зэджэ Кавказ зауэм адыгэ куэдым я щхьэр халъхьащ, абы щыгъуэм мелуани 3-м нэсу щыта шэрджэсхэм ящыщу псэууэ къэнар цIыху мини 100-м нэблагъэщ, минхэм хэкур ябгынащ. Абыхэм ящыщу языныкъуэхэр Палестинэм и щIыналъэ щхьэхуэм къыщыхутащ, 1948 гъэм Израилыр къызэрагъэпэща иужь, ар а къэралыгъуэм хиубыдащ.

Балканымрэ КъуэкIыпIэ Курытымрэ зыхыхьэ щIыналъэшхуэм и тепщэу зэман куэдкIэ щыта Уэсмэн империем щIыпIэм щыпсэухэм дзыхь яхуищIыщэтэкъым – ар Болгариемрэ Сербиемрэ щыщ славянхэмрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъум къикIа хьэрыпхэмрэт. Абы къыхэкIыу тыркухэм а щIыхэм Кавказым икIахэр, дзэм къулыкъу щащIэну къалэну зытралъхьахэр, зэрырагъэтIысхьэным хущIэкъурт.

         Израилым шэрджэсхэр щопсэу Галилее Ищхъэрэм хыхьэ къуажитIым: 1876 гъэм къэунэхуа  Кфар-Камэрэ 1880 гъэм къызэрагъэпэща Рихьэниерэ.  Иерусалим ущыкIуэкIэ щыс Абу-Гош къуажэ цIыкIуми щопсэу шэрджэсхэр, абыхэм ящыщ куэдым я къуэпсхэр къыщежьэр фIы дыдэу ящIэж.  Израиль къэралыгъуэм зэрицIыхум щыхьэт техъуэ тхылъхэр яIэщ шэрджэс мини 4-м щIигъум.

         1957 гъэм шэрджэс жылагъуэм и пашэхэм Израилым и правительствэм лъэIукIэ зыхуагъэзащ я щIалэгъуалэми хабзэм къызэригъэувым тету къэралым ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и дзэм къулыкъу щащIыну хуит ящIыну. ИкIи апхуэдэ хуитыныгъэ къратащ.

Израилым и тIасхъэщIэх нэхъ цIэрыIуэ дыдэу палестинхэм къалъытэр Иорданием къыщыхъуа адыгэ пщащэ Хьэвжокъуэ Аминэщ. Венэ и университетым щеджа, дохутыр IэщIагъэр зэзыгъэгъуэта пщащэм езым фIэфIу Израилым и тIасхъэщIэххэм ядэлэжьэн щIидзащ. Абы къит хъыбархэм я фIыгъэкIэ, теракт зыбжанэ къамыгъэхъун яхузэфIэкIащ, апхуэдэуи Израилым и спецслужбэхэм террорым зэрыпэщIэтын IуэхущIафэ пыухыкIа зэрагъэуIунымкIэ дэIэпыкъуэгъушхуэ хъуащ.

         Апхуэдэу екIуэкIыурэ, Палестинэм и контрразведкэм къихутащ я Iуэхухр къащIемыхъулIэм и щхьэусыгъуэр икIи Аминэ ягъэтIысащ. Бейрут щаIыгъа пщащэм и фэм куэд ирахащ, ауэ дауэ мыхъуми, зэпсэлъэныгъэ кIыхьхэр драгъэкIуэкIа иужь, журтхэм ар къахъуэжащ палестин зауэлI зыбжанэкIэ.

Израилым щыпсэу шэрджэсхэр щIым нэхъ толэжьыхь. Абыхэм я щIалэхэр сэлэт хахуэу къалъытэ. Нэхъыбэу абыхэм къулыкъу щащIэр гъунапкъэхъумэ дзэмрэ шынагъуэншагъэмкIэ IуэхущIапIэхэмрэщ.

Сыт Израилым щыпсэу адыгэхэр журтхэми хьэрыпхэми псалъэмакъыншэу щIадэпсэуфыр? Мыр Iуэху тыншкъым, журт-хьэрып зэпэщIэувэныгъэхэр нэхъыбэу къызыхэкIыр зэрахьэ дин и лъэныкъуэкIэ щыIэ зэщхьэщыкIыныгъэхэрауэ къызэралъытэм тепщIыхьмэ.

Израилым щыпсэу, адыгэ генерал Тхьэукъуэ Шаукъи къызэрилъытэмкIэ, а зэпэщIэтыныгъэхэм дин лъабжьэ яIэу зэрыжаIэр щхьэусыгъуэншэщ. «ЛъэпкъитIыр зы щIы кIапэ щхьэкIэ зэныкъуэкъуу аращ, - жеIэ Шаукъи. – Псалъэм папщIэ, дэ, адыгэхэм, хьэрыпхэм хуэдэу муслъымэнхэм, мы щIыналъэм Шэрджэс къэралыгъуэ къыщызэдгъэпэщыну дыхуежьатэмэ, занщIэу хьэрыпхэми журтхэми я жагъуэгъуу дыкъалъытэнут». Генерал Тхьэукъуэм шэч къытрихьэркъым, щыпсэу щIыналъэм и хабзэхэр къызэпызымыуд адыгэхэм хьэрыпхэми журтхэми пщIэшхуэ къызэрыхуащIым.

Израилым щыIэ шэрджэс къуажэхэр сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэгъэзащ, абы екIуалIэ гъуэгухэри тэмэмщ. Жылэм дэтщ мэжджыт дэгъуэ. Адыгэ къуажитIми щыпсэухэм я унэхэр инщ, хуитщ, еджапIэхэмрэ сымаджэщхэмрэ Тель-Авив дэтхэм къакIэрымыхуу зыхуей хьэпшыпхэмрэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщащ.

Нобэ Израилым щыпсэу адыгэхэм Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу я лъэпкъэгъухэм пыщIэныгъэ хуаIэщ. Рихьэниерэ Кфар-Камэрэ дэт школхэм сабийхэм я анэдэлъхубзэр щадж.

Урысейм и зы Iыхьэу щыт, я къуэпсхэр къыщежьэ хэкужьым сыт хуэдэ щытыкIэ хуаIэ адыгэхэм?

СССР-р къутэжа иужь Израилым щыпсэу адыгэхэм къахэкIащ зи хэкужьым къэзыгъэзэжын хъуэпсапIэхэр зиIэхэр. Ауэ ар тыншу къайхъулIэркъым. Абы и щхьэусыгъуэр хамэ къэрал щыпсэу адыгэхэр Кавказым итIысхьэжыныр урысей къулыкъущIэхэм зэрыдамыIыгъырщ, а Iуэхум ахэр зэрытрамыгъэгушхуэрщ. Урысейм и цIыхуу узэрыщытымкIэ тхылъыр къыдэпхыныр Iуэху тыншкъым. Израилым щыпсэу адыгэхэр фIы дыдэу мэпсэу. Урысейм къэкIуэжа иужь, апхуэдэ псэукIэ мыбдеж щахузэгъэпэщыжкъым. ИтIани, дауэ мыхъуми, абыхэм къызыхэкIа лъэпкъымкIэ яIэ гушхуэныгъэр куущ, инщ. Куэдрэ къохъу щIалэхэр Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Шапсыгъым кIуэурэ щхьэгъусэу адыгэ пщащэхэр абыхэм щраш.

Хэкужьым я къуэпсым зыщрагъэукъуэдиижыныр куэдым я хъуэпсапIэу къонэ.

Гельман Захар.

 

Поделиться:

Читать также: