Илъэсих къытралъхьэнкIэ хъунущ

Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм коррупцэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ КъБР-м и Суд нэхъыщхьэм судхэр щекIуэкIкIэ  секретару щысым зэрихьэ щIэпхъаджагъэр. 
КъызэрыщIагъэщамкIэ, абы хабзэм ебэкъуар къигъэгугъащ, ахъшэ къыпэкIуэнумэ, КъБР-м и Налшык къалэ судым и хеящIэм деж ягъэхьа  уголовнэ Iуэхур апхуэдэхэм щыхэплъэ следствэ IэнатIэм аргуэру щыхэплъэжын папщIэ иригъэхьыжыну. Апхуэдэ Iуэхутхьэбзэм пэкIуэу сом зы мелуан къритын хуейуэ хуигъэуващ. 
Урысейм и Следственнэ Комитетым и Следственнэ управленэу  КъБР-м щыIэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и 159-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэм ипкъ иткIэ. Ар илъэси 6-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу. 
Поделиться: