Ныбжьэгъу уиIэну ухуеймэ

 Адыгэбзэри урысыбзэри зэхуэдэу зыгъэшэрыуэ ЖьэкIэмыхъу Саминэ япэ классыр къиухауэ, етIуанэм кIуэну зегъэхьэзыр. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм хъыджэбз цIыкIур хьэщIапIэ макIуэ, мэджэгу, балигъхэм ядоIэпыкъу, тхылъ йоджэ. 
 - Сыт пхуэщIэр, Саминэ, мамэ ущыдэIэпыкъукIэ? 
 - Хьэкъущыкъухэр сотхьэщI. Иджыри сопхъэнкIэф. Сэ езым сысейуэ жыхапхъэ цIыкIу сиIэщ, ауэ пхъэнкIийр иджыри Iусхыжыфыркъым. 
 - ТIэкIу упщэфIэфрэ? 
 - ДжэдыкIэ уда схуогъажьэ. Сэ соудэ, шыгъу хызодзэри, мамэ тебэм ирекIэ. Шей схузэхощIэ, ар хьэщIэхэм къахутызогъэувэ, Iузохыж. Сэ кондитер сыхъуну сыхуейщ. Иджыпсту сыцIыкIущи, хьэкур щIэзгъанэ хъунукъым, ауэ ин сыхъумэ, пирожнэхэр, тортхэр, морожнэхэр, пончикхэр сщIынущ.
 - Уэ фIыуэ уоджэ. Унэм тхылъ куэд ущиIэ къыщIэкIынщ? 
 - Тхылъ 30 хуэдиз сиIэщ. Гъэмахуэм деджэн хуейуэ куэд къыдатащ, итIанэ примерхэр сощIыж. Математикэр адрей дызрагъаджэ псом нэхърэ нэхъыфIу солъагъу. 
 - Иныкъуэ сабийхэм школым кIуэн яфIэфIкъым, егъэджакIуэм фIыуэ къимылъагъуу къафIощI. Сыт пщIэн хуейр егъэджакIуэм фIыуэ укъилъагъун папщIэ? 
 - ЕгъэджакIуэм фIыуэ зыкъебгъэлъагъунумэ, унэ лэжьыгъэр сытым дежи пщIыжу ущытын хуейщ. Тхэн щыхуейм деж утхэу, «еджэ» жиIэми, укъеджэу, умызэрану классым ущIэсмэ, зэи къошхыдэнукъым. Сэ ныбжьэгъу гуэр сиIэщ, ар тIэкIу щошынэ ди егъэджакIуэм. Математикэр фIыуэ къыгурыIуэркъым, абы щхьэкIэ дезыгъаджэр къешхыдэн фIощIри, мэгузавэ. Ауэ умышынэу къыбгурымыIуамкIэ уеупщIмэ, абы псори къыбжиIэнущ. Математикэри апхуэдэу гугъукъым. 
 - Иныкъуэ хъыджэбз цIыкIухэм ныбжьэгъу я куэдщ, адрейхэр зыми зрагъэгъусэну хуейкъым. Сыт пщIэн хуейр ныбжьэгъу куэд уиIэн папщIэ? 
 - ГъэныбжьэгъукIэ пщIэмэ, ныбжьэгъу куэд уиIэнущ. Уи классэгъухэм е уи гъунэгъухэм уедауэ, я жагъуэ пщIы, яIыгъыр къатепх хъунукъым. Зыгуэр къэбгъэсэбэпыну къеIыпхамэ, занщIэу ептыжын хуейщ. Зэгуэр си ныбжьэгъу Хъэдиджэ школым щыуагъэхэр зэрацIэлэж къэрэндащ ныздихьат. ТIэкIу бзаджэу зыгуэр щIэсщ ди классым. Абы къэрэндащыр Iихри, къигъэсэбэпащ, итIанэ «къызэтыж» жриIати, «уэстыжынукъым, сэ абы адрей дерсми сыщыхуеинущ» къыжриIащ. Апхуэдэу пщIэ хъунукъым. 
 - Уи ныбжьэгъуитI зэзауэмэ, хэт узыдэщIынур? 
 - Захуэм сыдэщIынущ. Пэжу зыщIэм. ЕгъэджакIуэми жесIэнущ ар зэрызахуэр. 

Епсэлъар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться: