Сыт хуэдиз Урысейм щрафыр?

Мыпхуэдэ «зэпеуэм» зыкIи игъэдахэркъым бжьыпэр щызыIыгъхэр. Мыбдеж Iэмал зэриIэкIэ икIэмкIэ укъыщыщIидзмэ, нэхъыфIщ. Аращ дэтхэнэ къэралми я цIыхухэм фадэу щрафыр зыхуэдизыр къэзыхутэ бжыгъэхэу иджыблагъэ къытрадзахэм дыщIагъэгуфIар. Урысейр 56-нэ увыпIэм щытщ! Ди япэ итщ къэрал куэдыкIей. КуэдкIэ дакъыкIэроху пашэныгъэр зыубыдахэу Чехием, Литвам, Латвием, Австрием, Кук и ХытIыгухэм. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ газетхэм къытрадзар США-м и тIасхъэщIэх IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм (ЦРУ) зэхуихьэса хъыбархэм япкъ иткIэ ягъэхьэзыра дэфтэрхэрщ.
 Дауи, къэхутэныгъэхэр щIрагъэкIуэкIар дунейм демографие и лъэныкъуэкIэ щыщыIэ щытыкIэр зрагъэщIэн мурадкIэщ. Псори хъарзынэт, ауэ мыбы хэлъщ ди гуфIэгъуэр зэтриIыгъэу зы: ар зытещIыхьар 2019 гъэрщ. Абы лъандэрэ зэхъуэкIыныгъэшхуэ куэд къэхъуащ, хуабжьу дагъэпIейтейуэ. Ди лъэр щIэзыуда коронавирусым и закъуэ урикъунщ, нэгъуэщIхэм я гугъу умыщIми. Урысейхэм я дежкIэ абы щIыгъужын хуейщ мы зэманым дызыхэт геополитикэ Iуэхухэри. АтIэ, дызэрыщыгъуазэщи, фадэм гузэвэгъуэр пщхьэщихыу жаIэу ижь-ижьыж лъандэрэ къокIуэкI. Яжь къытщIимыхуауэ пIэрэ а къэхъукъэщIахэм?
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, нэгъуэщIхэми ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэри къэлъытэн хуейщ. Ахэр тIасхъэщIэххэм къатахэм къащхьэщокI. Псалъэм и хьэтыркIэ, мы Iуэхум нэхъ сакъ дыдэу кIэлъыплъ ВОЗ-м (Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэ) 2020 гъэм и накъыгъэм дэ мыбдеж 26-нэ увыпIэм дыщигъэуващ, зи ныбжьыр илъэс 15-м щхьэпрыкIа урысей дэтхэнэми спирт литр 11,2-рэ хуэзэу зы илъэсым ди къэралым щрафу къилъытэри. ЦРУ-м къихьыр спирт литри 7,3-рэ къудейщ. ГъэщIэгъунщ: мазэ бжыгъэ фIэкIа дэмыкIыу а бжыгъэр 11,2-м нэс дэкIуеяуэ пIэрэ, ВОЗ-м зэригъэхъыбарым хуэдэу: фIэщщIыгъуейщ.
 Мыбы зыгуэр зэрыщыщыIэр къэдгъэлъэгъуэн папщIэ къэтхьынщ Экономикэ зэдэлэжьэныгъэмрэ зыужьыныгъэмкIэ зэгухьэныгъэм (ОЭСР) 2019 гъэм УФ-м къегъэщIылIауэ хэIущIыIу ищIа бжыгъэри - литри 10,8-рэ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ЦРУ-м къитам нэхърэ литри 2,5-кIэ нэхъыбэ.
 ИкIэм-икIэжым, ди къэрал статистикэм абы теухуауэ жиIэм деплъынщ. Иужьу къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкIа 2021 гъэм тещIыхьауэ абы ди пащхьэ кърилъхьэр литри 9-щ.
Дэтхэнэра пэжыр? Ар къэщIэгъуейщ. ФадэхэкIхэр зыщIхэм я зэгухьэныгъэм и президент Косарев  Игорь зэрыжиIэмкIэ, американ тIасхъэщIэххэр щызыгъэуар ди къэралым нахуэу щащэмрэ щрафымрэ фIэкIа нэгъуэщI къызэрамылъытарщ. Ар процент 30 хуэдизкIэ нэхъ мащIэщ Iуэхум и щытыкIэ дыдэм нэхърэ. Къапщтэмэ, ди деж спирт къабзэу хуэди 4-кIэ нэхъыбэ щагъэхьэзыр, медицинэр зыхуейм елъытауэ. Къыдэхуэр яIэрыхьэу къыщIэкIынущ аркъэ щэхуу зыгъэхьэзырхэм. Аращи, илъэс 15-м нэхърэ нэхъыжь дэтхэнэми хуэзэу Урысейм зы илъэсым фадэ зэмылIэужьыгъуэхэу щрафыр мис а процент 30-м хуэдизкIэ нэхъыбэнущ. Ауэ абы къикIыркъым ди деж аркъэхэкIыу, шагъыр зэмылIэужьыгъуэу щагъэкIуэщIыр нэхъ мащIэ щымыхъуу. Ар зи сэбэпри цIыхухэр нэхъыфIу псэу зэрыхъуарщ. Япэрауэ, щIалэгъуалэр лэжьыгъэм нэхъ пщIэшхуэ хуищI хъуащ, хэхъуэ хъарзыни къыIэрохьэ. А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу, и зыгъэпсэхугъуэ зэманыр нэхъ нэгузыжьу (дэзыхьэхым тещIыхьауэ) къигъэсэбэпыну Iэмал иIэщ. Апхуэдэхэр уэрамым дэтынукъым зэфэнрэ къыдефэнрэ къалъыхъуэу. АрщхьэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджыри щыIэщ IэнатIэхэр щызэпыубыда, я улахуэ мащIэхэр щагъэгувэ, нэгузегъэужьыпIэхэр зищIысыр щамыщIэ щIыналъэхэр. Абыхэм, шэч хэмылъу, фадэм зыIэпишэхэм я бжыгъэр щыинщ. Зэрытлъагъущи, псэукIэр зыхуэдэм куэд иIыгъщ.
Зэрыщыту къапщтэмэ, ди къэралым фадэу щрафым илъэс 30-м щIигъуауэ зэкIэлъыкIуэу щыкIэроху. АрщхьэкIэ ди деж «гуакIуэрыефэ» жыхуэтIэм иджыри щIэх дыщыхуэкIуэнукъым. Абы зэран хуохъу къэралыр зыIууэ гугъуехьхэри. Псалъэм и хьэтыркIэ, ди деж щагъэмэщIащ нэгъуэщI къэралхэм къраш шагъырхэр. Ди деж щащIхэр яхурикъуркъым. КърикIуари белджылыщ: апхуэдэ фадэхэкIхэр нэхъ лъапIэ хъуащ. Нэхъ пудхэм, апхуэдэу щыщыткIэ -  узыншагъэм и дежкIэ нэхъ зэранхэм зрат.
 2024 гъэм щIышылэм и 1-м къыщыщIэдзауэ фадэмрэ тутынымрэ я уасэхэм зэрыхагъэхъуэнур хэIущIыIу ящIакIэщ. Языныкъуэ IэщIагъэлIхэм ар кърагъэзэгъ. АрщхьэкIэ белджылыуэ шынагъуэ щыIэщ нахуэу къамыщэхуф фадэ лъапIэхэм я пIэ щэхуу ящэ пудхэр иувэнымкIэ. Дэ апхуэдэ къызэрыхъур ди нэгу щIэкIащ. ИкIи властхэм кIэлъыплъыныгъэр сыт хуэдизкIэ ямыгъэткIиями, модрейхэм дэпщыпIэхэр къагъуэт. Дыщыгугъынщ ар иужь илъэс 30-м зэфIэува щытыкIэм зэран хуэмыхъуну.               

 

Шал Мухьэмэд.
Поделиться: