Сом мелуанитIым щIигъуСом мелуанитIым щIигъу КъБР-м щыIэ МВД-м Экономикэ шынагъуэншагъэмрэ коррупцэм пэщIэтынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэм къэлъыхъуэныгъэхэр щрагъэкIуэкIым къыщIагъэщащ Налшык къалэм фэтэр куэд хъу унэхэр зи нэIэм щIэт и IуэхущIапIитIым я унафэщIхэм я хуитыныгъэхэр къагъэсэбэпу хабзэм зэребэкъуар. Полицэм къызэрилъытэмкIэ, IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм электросеть компанием и счетым ягъэхьакъым сом мелуани 2-рэ мин 282-рэ, 2021 гъэм и шыщхьэуIум щыщIэдзауэ 2022 гъэм и дыгъэгъазэр хиубыдэу электрокъарур къэзыгъэсэбэпахэм абы пэкIуэу къратар. НаркотикхэкIхэр иригъэкIыну яужь итатУрысей МВД-м и Управленэу Налшык къалэм щыIэм наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэхэм наркотикхэкIхэр щэным яужь иту шэч хуащIу яубыдащ илъэс 27-рэ хъу, Къубэ-Тэбэ къуажэм щыпсэур. Абы и машинэр къыщащым къагъуэтащ хьэжа пкъыгъуэ зэрылъ зэкIуэцIылъитху.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 18:33 →
Ратмир и жыгхэр мэкI
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
|