ЩIэблэр IэпэIэсагъэм хуегъасэ

Дэрбзэр, егъэджакIуэ Багъ Iэзидэ КъБКъУ-м дизайнымкIэ и колледжыр къиухауэ Дзэлыкъуэкъуажэ и курыт еджапIэ №1-м щылажьэ гупжьейм дэрбзэр Iуэхум щыхуегъасэ. 

Iэзидэ иджыри цIыкIуу дэрбзэр IэщIагъэм дихьэхащ. И анэр Дзэлыкъуэкъуажэ дэт мэкъумэш колледжым щылажьэрти, абы кIуэурэ IэпэIэсэ хъуащ. Сабийм зегъэужьынымкIэ «ДыгъафIэ къалэ» академие Налшык дэтым модэмкIэ иIэ ­театрым ишэурэ, дэрбзэр лэжьыгъэм нэхъри дригъэхьэхащ. 
КъБКъУ-м дизайнымкIэ и колледжыр къиуха нэужь, Дзэ­лыкъуэкъуажэ и колледжым щылэжьащ. Лъэпкъ, европей фащэхэр цIыхубзхэм щхьэкIэ щад «Baziz» и уней IуэхущIа-        пIэ Налшык къыщызэIуихащ 2008 гъэм. Абы къыдэкIуэу, Уэзро­къуэ Чэрим и «Асанэ» тыкуэным папщIэ иду щытащ щIэупщIэ зиIэ адыгэ фащэхэр. Iэзидэ и лэжьыгъэм жэуап­лыныгъэ хэлъу зэрыбгъэдэтым, фэилъхьэгъуэхэр IэкIэ зэрыхидыкIым, дауи, фащэхэм я щIэупщIэм хегъахъуэ. 
- Сабий лъэпкъ фащэхэри сфIэгъэщIэгъуэну здырт, псом хуэмыдэу артистхэр, Москва щыпсэу адыгэхэр абыхэм щIэупщIэрт, я щIэблэм папщIэ, - жеIэ Iэзидэ. - Хамэ къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми сыщагъадэ щыIэщ. Бостей нэхъ гугъухэр, пэщэщэнейхэр дыным нэхъри сыдахьэх.Дзэлыкъуэкъуажэ и курыт еджапIэ №1-м Iэзидэ щиIэ гупжьейр зыхуеину IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэщащ. Абы екIуалIэ цIыкIухэм я школ фэилъхьэгъуэхэр, кIэпхынхэр, нэ­гъуэщIхэри езыхэм ядыж. Дзэлыкъуэкъуажэ и мызакъуэу, абы йокIуалIэ Марьинскэ станицэм, Къамылыкъуэ, Къармэхьэблэ къуажэхэм щыщхэр. Шэджагъуэм щыщIэдзауэ сыхьэтитху ­хъуху сабийхэм ядолажьэ. КъищынэмыщIауэ, цIыкIухэм унэми щадолажьэ.
- Дэн-бзэным дахьэх сабийхэм садэлэжьэныр зыхэслъхьэ щыIэкъым. IэпэIэсэ цIыкIухэм я зэфIэкIым зыщезгъэужькIэ дамэ къыстокIэ, - жеIэ Iэзидэ. - Зэгуэр си анэм и лъагъуэм сы­зэрырикIуэжам хуэдэу, ар IэщIагъэ зыхуэхъунухэр си гъэсэнхэми къахэкIмэ, си гуапэщ.
КъыжыIапхъэщ, «Илъэсым и унагъуэ-2022» урысейпсо ­зэпеуэм щытекIуахэу нэхъапэIуэкIэ зи гугъу фхуэтщIа  Багъхэ Iэсиятрэ Русланрэ я унагъуэ дахэм Iэзидэ зэранысэр. ЗэгурыIуэ, пщIэ-нэмыс зэрылъ унагъуэ щапхъэм яхуэ­фащэщ зи лэжьыгъэми гурэ псэкIэ етауэ бгъэдэт, абы ехъу­лIэныгъэхэр щызиIэ, мы тхыгъэр зытеухуа Iэзидэ.

ТЕКIУЖЬ  Заретэ.

Поделиться: