ИлъэситхукIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу

Урысей ФСБ-м и управленэу ­КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм, Урысей МВД-м и управленэ нэхъыщхьэу КИФЩI-м щыIэм и «Э» центрым щIыгъуу къызэпаудащ ди респуб­ликэм щыпсэу, илъэс 32-рэ хъу цIыхухъум  зэрихьэ щIэпхъаджагъэр, Урысей Федерацэм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэр гъэпудыным ехьэлIар. 
Зи гугъу тщIы цIыхур нэхъапэми ­административнэ жэуапым ира­-шэ­лIат УФ-м и КоАП-м и 20.3.3 ­статьям и 1-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ, арщхьэкIэ  2023 гъэм и накъы-         гъэм аргуэру социальнэ сетхэм язым хэIущIыIу щищIащ УФ-м IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм и пщIэр зыгъэлъахъшэу жиIахэр.  
Яубыдам теухуа уголовнэ Iуэху ­къаIэтащ УФ-м и УК-м и 280-нэ  статьям и 1-нэ Iыхьэм къыщыхьа ­щIэп­хъа­джагъэм ипкъ иткIэ. Ар ­илъэ­си 5-кIэ ягъэтIысынкIэ мэхъу.
УФСБ-м и управленэу
 ­КъБР-м щыIэ.

Поделиться: