Анэдэлъхубзэр зэраджын тхылъыщIэхэрДэтхэнэ лъэпкъми и блэкIари и нобэри къэзыгъэлъагъуэу, и тхыдэр, хабзэр, щэнхабзэр къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэу щыIэр абы и анэдэлъхубзэращ, и тхыбзэращ. Ди гуапэ зэрыхъущи, ди республикэм и щIэныгъэрылажьэхэм, егъэджэныгъэ IэнатIэм зегъэужьыныр зи пщэрылъ къулыкъущIэхэм гулъытэ хэха хуащI щIыналъэм къихъуэ щIэблэм лъэпкъ щIэныгъэ ябгъэдэлъхьэным. А Iуэхугъуэм и Iыхьэхэм ящыщ зыуэ, КъБР-м и курыт еджапIэхэм мы махуэхэм яIэрохьэ школхэм анэдэлъхубзэхэр (къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ литературэмрэ, балъкъэрыбзэмрэ литературэмрэ) зэрыщаджыну тхылъыщIэхэр. Ди анэдэлъхубзэр хъумэным, ар егъэфIэкIуэным, къытщIэхъуэ щIэблэм ар яIурылъу къэхъуным хуэгъэпса а лэжьыгъэ щхьэпэр зэфIэхащ, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм егъэджэныгъэ IэнатIэм зыщегъэужьыным теухуауэ» щIыналъэ къэрал программэм къыщыгъэлъэгъуа Iуэхугъуэхэм япкъ иткIэ. Адыгэбзэмрэ балъкъэрыбзэмкIэ егъэджакIуэ Iэзэхэр, щIэныгъэлIхэр, тхылъхэмкIэ эксперт IэкIуэлъакIуэхэр илъэс зыбжанэкIэ зэлэжьа тхылъыщIэхэр хьэзыр хъуащ иджыблагъэ.
Поделиться:
Читать также:
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
16.05.2024 - 18:33 →
Ратмир и жыгхэр мэкI
16.05.2024 - 17:30 →
Гулъытэр зиIэ ныбжьыщIэхэр
16.05.2024 - 15:24 →
Европэр насыпыншагъэм къезыгъэла щIалищ
|